ЗащIэбгъакъуэмэ, къулейсыз щыIэнукъымУФ-м и Къэзыбж палатэм и унафэщI Кудрин Алексей хэкIыпIэ къигъуэтащ Урысейм ис къулейсызхэм я бжыгъэр гъэмэщIэнымкIэ. Абы къызэрилъытэмкIэ, дэтхэнэми щхьэхуэу удэIэпыкъумэ, гугъуехьыр къызэнэкIа хъунущ. «Ар къэралым хузэфIэкIын папщIэ сом мелардищэ зыбжанэ хуейуэ аращ, икIи и мылъкум къыхимыгъэкIыфыну щыткъым», - жиIащ Кудриным. Нэхъыщхьэр цIыхухэм я псэукIэм и фIагъыр къыщалъытэкIэ, зыхуэныкъуэм елъытауэ гуп-гупу зыщхьэщагъэкIынырщ, унагъуэм къыхэхъуэм тещIыхьауэ зэрыдэIэпыкъуну ахъшэ бжыгъэр ягъэбелджылын хуэдэу. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Къэзыбж палатэм и нэхъыщхьэм къызэрилъытэмкIэ, къулейсызыгъэр гъэкIуэдыным зэребэн Iэмал хъарзынэхэр щыIэщ Урысейм. Ар УФ-м и Президентым гъатхэпэм и пэщIэдзэм Iэ зыщIидза унафэрщ - илъэсищым къыщыщIэдзауэ илъэсиблым нэс зи ныбжь сабий зыщIэс унагъуэхэм мазэ къэс ахъшэ етыныр. Кудрин къызэрибжымкIэ, сабий нэхъыжь зыщIэс унагъуэхэми яхухэпх хъунущ апхуэдэ ахъшэ, ауэ Iэмал имыIэу къэлъытэн хуейщ унагъуэм и псэукIэр зыхуэдэр, и хэхъуэр зыхуэдизыр. Псалъэм папщIэ, машинэ етIуанэ зиIэ унагъуэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэ къэралым иритын хуейуэ къытехуэркъым. Апхуэдэ щIыкIэкIэ убгъэдыхьэмэ, къулейсызыгъэр гъэмэщIэныр тынш хъунущ. «Политсобрание» аналитикэ агентствэм и эксперт Желтовэ Наталье къызэрилъытэмкIэ, Кудриным и псалъэхэм пэж хэлъми, а бгъэдыхьэкIэм фIы лъэпкъ къишэнукъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, нобэкIэ екIуэкI гъащIэм пэж дыдэу тхьэмыщкIэр къыхэплъагъукIыну гугъущ. Иджыпсту къэралым и ныкъуэ псом экономикэ "щIэхъумам" и Iэмалыр къагъэсэбэп. Абыхэм яIэри ямыIэри IупщI къащIын щхьэкIэ къэралым я дзыхь ирагъэзу щытын хуейщ. Абы и лъэныкъуэкIэ нобэ Урысейм ищIэр мащIэщ. 2020 гъэм Росстатым къызэрихутамкIэ, къулейсызхэм я хэхъуэр мащIэщ. Псори зэхэту къапщтэмэ, унагъуэ хуэмыщIахэр упсэун папщIэ Iэмал имыIэу зыхуей ахъшэ бжыгъэр псори зэхэту сом мелард 727-рэ щохъу къэралым. Нэхъыбэу зэрыпсэун ахъшэ зыхуэчэмыр сабиищ е нэхъыбэ, лэжьыгъэ IэнатIэ Iумыт цIыху зэрыс унагъуэхэрщ.
Поделиться:
Читать также:
18.03.2024 - 15:45 →
IэIэтым – унагъуэкIэрэ
18.03.2024 - 15:10 →
Гъатхэмрэ мурад дахэхэмрэ
15.03.2024 - 13:33 →
Дзыхь зыхуэфщIыр къыхэфх!
29.02.2024 - 14:07 →
КъэкIуэнум дызэреплъ нэ
26.11.2023 - 10:59 →
ЩIыналъэм и хэхъуэр сом мелард 50-м щIигъунущ
|