Дзыхь зыхуэфщIыр къыхэфх!КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм исхэр къыхуреджэ мы махуэхэм Урысейм и Президентыр хэхын Iуэхум хэтыну: «Ди къэралым нобэ щыщIидзащ Урысей Федерацэм и президент хэхыныгъэхэр. УФ-м и иджырей тхыдэм еянэу щокIуэкI лъэпкъ куэду зэхэс къэралым и тхыдэ лъагъуэм гъуазэ хуэхъу хэхыныгъэхэр. Мыр дэтхэнэ цIыхуми езым и фIэфIыныгъэщ. Нобэ сыхьэтыр 8-м щIадзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и хэхыпIэ щIыпIэхэм я лэжьыгъэр. Гъатхэпэм и 15, 16, 17 махуэхэм къриубыдэу ахэр сыхьэтыр 8-м щегъэжьауэ 20 хъуху лэжьэнущ. Си фIэщ мэхъу, сыт щыгъуи хуэдэу ди республикэм исхэм я хэкупсагъэр къызэрызэкъуахынур, ди зэкъуэтыныгъэр къагъэлъагъуэу хэхыпIэхэм зэрекIуэлIэнур. Си лъахэгъу лъапIэхэ, щIыпIэхэм фекIуалIи, дзыхь зыхуэфщIыр къыхэфх!», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
Поделиться:
Читать также:
18.03.2024 - 15:45 →
IэIэтым – унагъуэкIэрэ
18.03.2024 - 15:10 →
Гъатхэмрэ мурад дахэхэмрэ
29.02.2024 - 14:07 →
КъэкIуэнум дызэреплъ нэ
26.11.2023 - 10:59 →
ЩIыналъэм и хэхъуэр сом мелард 50-м щIигъунущ
30.09.2023 - 10:04 →
ЗэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэ
|