ЩIыуэпсым хэт пэлъэщыфар?!

Курп Ищхъэрэ (Къаншыуей) къуажэкум щыпсэу сабийхэр зэрымынасыпыфIэ щыIэтэкъым - псынэпс къабзэ щIыIэмыл къыщыщIэж щIыпIэр я гъунэгъут. Гъэмахуэ махуэ кIыхьхэр абдеж щагъакIуэрт. Псынэр зыдэт къуэм и кум мылъагэ дыдэу зы Iуащхьэ итт. Курп псыежэхыр абдеж къызэрысу, тIууэ зрищIыкIырти, абы и хъуреягъкIэ къежэкIырт, Iуащхьэр къызэранэкIа нэужь, зэхэлъэдэжырти, и лъагъуэм пищэрт. Псынэпсыр зыдэт къуэ лъагэм и джабэхэм кIэращIыхьа абгъуэхэм жэнэт бзу фIэкIа умыщIэну къуалэбзу зэмылIэужьыгъуэхэр ист. 

Апхуэдэ щIыпIэ телъыджэм щыпсэурт КIэрашэ Хьэзритрэ Екатеринэрэ я сабий быныр. ЯтIэм къыхэщIыкIа псыIущIэхэр ящIу, блэтхьэкIумэ зэхуахьэсу, бдзэжьей жьгъейхэм ещэу, дыгъэ къэплъам зрагъэууэ Iуащхьэм тесу - сабиигъуэ нэхъ дахэ улъыхъуэн?! 
- Псынэм дэт къазхэр дгъэхъурт. УатеплъэкъукI хъуртэкъым абыхэм, бажэхэр къещэкIуэныр бетэмалт. Къазми я псэм ищIэ хуэдэ, жыжьэ IукIыртэкъым, уеблэмэ дэ псым дыщыхыхьэкIэ ди гъусэу накIуэрт, - етхыж Михаил и гукъэкIыжхэм щыщ. - Языныкъуэхэм къаз анэхэм, хэт ищIэрэ, шэч къыттрахьэжрэт, я «сыс-с» макъыр ирагъэщIу къыщытпэувыж къэхъурт. Уафэгум адэ жыжьэу ит къашыргъэхэми къуацэ-чыцэхэм, жыг щхьэкIэхэм хэс къанжэхэми зэрызыщахъумэными ахэр хэтт. 
Гугъу ехьу махуэ псом колхозым щылажьэ ди адэ-анэхэм зыри къыджамыIэу хуиту даутIыпщырт. Къапщтэмэ, сытыт икIи яхуэщIэнур - зэман яIэтэкъым. Пщыхьэщхьэм къаз хъушэм хэщI имыIэу етхулIэж закъуэмэ ядэрт. Дэ а пщэрылъыр жэуаплыныгъэшхуэ пылъу дгъэзащIэрт. Ди къазхэм я лъабзэр тщIэрти, хъушэм нэгъуэщI къызэрыхэмызэрыхьыным быдэу дыкIэлъыплъырт. Къыхэзэрыхьа - къэдубыдыжырти, зейм яхуэтхьыжырт.
ШэджагъуэхуэкIуэ зэрыхъуу, ГуохьэблэмкIэ Iэщышхуэ къыщызэрыдэхырт. Ахэр махуэ къэс Курпыпс цIыкIум яхурт. Дыгъэм игъэцIыва, псы хуэлIа жэмхэмрэ хывхэмрэ я зэщIэгъуахъуэ макъым укъигъэуIэбжьырт. Сабэр драпхъейуэ ахэр къыдэзэрыхьырт псынэмрэ курпыпсымрэ хуэкIуэ гъуэгу бгъузэм. Зыр адрейм еIунщIурэ псы Iуфэм зэрынэсу, хывхэм лъэныкъуэ зрагъэзырти, зэрыжэм хуэдэу ятIэм зыхагъахуэрт. Жэмхэм ахэм къыпакIухьурэ Курпыпс цIыкIум зэпрыкIырти, псынэмкIэ къаунэтIырт.
Псынэпс щIыIэмылыр сыт хуэдэу гуакIуэт апхуэдэ махуэ хуабэм деж. Я псыхуэлIэр ирагъэкIа нэужь, Iэщыр тутейхэмрэ жыг делэхэмрэ я жьауапIэм щетIысэхырт. Абыхэм яхэтт морафэ хъужарэ, зи натIэ дыдэм хуэзэу хъурей хужь хэщIыхьа ди Маи. Ар Iэхъуэм яхуми, и шкIащIэхэр илъагъуну махуэм зыбжанэрэ къэкIуэсэжыну хузэфIэкIырт. Шэ иригъафэрти, хъуакIуэ зыгъэзэж Iэщхэм яхэувэжырт.
Апхуэдэ махуэ дахэр зэIищIэу, псыдзэр къащыхэзэрыхь щыIэт. КъыздикIар къагурыIуэным хунимыгъэсу, пшахъуэр, мывэр, ятIэр зэхэлъу Курпыпсым кърихьэхын щIидзэрт, уеблэмэ и гъуэгум къыщыпэщIэхуэ псори - Iэщи, джэдкъази, шыгуи - здихьу. 
Зыми зэи къахуэщIэртэкъым апхуэдэ бэлыхь къащыхуэкIуэнур. Зэуэ жьыр къызэкъуэунти, джэдкъазыр зэрыгъэкIийуэ, Iэщыр гъуахъуэу къуэм къызэрыдэхынт. Я бынхэр къалъыхъуэжу, адэ-анэхэр уэрамым къыдэлъэдэнт.
Уэлбанэм къихь ятIэпсыр дакъикъэ бжыгъэм зэхуишэсырт, ауэ махуэ зыбжанэкIэ етIысэхыжыртэкъым. Курпыпс чэнжыр зэуэ уэр къэхъурт, метритхукIэ, нэхъыбэкIи зыкъиIэтырти, бгым дэмыхуэжу къиурт. Жэнэт бзухэм я абгъуэхэр, сабийхэм зыщагъэпскI щIыпIэр - псори щIиуфэрт абы. 
МахуитI-щыкIэ псыр сабырыжырти, хуэмурэ, зыри щымыIам хуэдэ хъужырт. АрщхьэкIэ псы Iуфэр къабзэ хъужын щхьэкIэ тхьэмахуэ зыбжанэ дэкIын хуейт. Псыдзэм къела къуалэбзухэм я абгъуэхэр зыхуей хуагъэзэжырт, щIэуэ зыщIыжи къахэкIырт.
Апхуэдэурэ тхьэмахуитI-щы дэкIырт. ЩIыпIэм зигъэкъэбзыжа нэужь, сабийхэм фIыуэ ялъагъу я джэгупIэм хуэзэшауэ кIуэн щIадзэжырт. АпщIондэху нэхъ ин хъуну хунэса къаз шырхэм, гу щамыхуэж жыхуаIэм хуэдэу, якIэлъыплъын щIадзэжырт. ШэджагъуэхуэкIуэ зэрыхъуу, Iэщыр псы ефакIуэ зэрызехьэу къэкIуэнут...
 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: