ЗыплъыхьакIуэхэр нэхъыбэ мэхъуАБХЪАЗ. Иужьрей илъэс 30-м елъытауэ, мы гъэм зыплъыхьакIуэхэр куэдкIэ нэхъыбэ щыхъуащ Абхъазым. 2020 гъэм шыщхьэуIум и 1-м щегъэжьауэ щэкIуэгъуэ хъуху, урысей-абхъаз гъунапкъэр зэIуахыжа нэужь, турист мин 600 ихьащ къэралым. 2019 илъэс псом абы щыхьэщIар турист мелуаным щIигъущ. Иджы Минтуризмэм къызэрилъытэмкIэ, цIыху мелуанрэ ныкъуэм зыщагъэпсэхунущ псэм и лъахэу ялъытэ республикэм. 2021 гъэм и накъыгъэм цIыху мин 30-кIэ нэхъыбэ кIуащ Абхъазым, нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм еплъытмэ, мэкъуауэгъуэм а бжыгъэр нэхъыбэж хъуащ. Мы мазэми цIыху Iув щызэтрихьауэ йокIуэкI.
Поделиться:
Читать также:
05.05.2024 - 12:00 →
Гъуазджэм и хэщIапIэ
05.05.2024 - 11:00 →
ЦIыкIухэм ныпыр яфIэдахэщ
04.05.2024 - 09:00 →
Музейм и накъыгъэ гъэлъэгъуэныгъэхэр
30.04.2024 - 13:00 →
Гъатхэмэ къапех
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
|