Фейдэм тращIыхьмэ, хэщIыр нэхъыбэнущ

ЭкологиемкIэ Урысей зэгухьэныгъэм          и Къэбэрдей - Балъкъэр къудамэм и уна­фэщI Iэрыпщ Аслъэн зэрытеп­сэ­лъы­хьамкIэ, ди псы ежэххэмрэ щIыщIагъ псыхэмрэ нэрылъагъуу нэхъ мащIэ ­мэхъу.

Иужьрей илъэс 20-м спутникымкIэ ­траха сурэтхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, Кавказ къуршым и мыладжэхэр процент ­30-40-кIэ нэхъ цIыкIу хъуащ, уеблэмэ ткIу­пахэри яхэтщ.
Мы зэрыщытым хуэдэу дунейр нэхъ хуабэ хъууэрэ екIуэкIмэ, апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр Къэбэрдей - Балъкъэрым и ­мызакъуэу Кавказ псом лъэIэсынущ. Псыр мащIэ зэрыхъурэ мэзылъэхэми хэщIащ, апщIэндэху абы щыпсэу псэущхьэхэр нэ­гъуэщI щIыпIэхэм мэIэпхъуэ. ЩIэныгъэ­лIым зэрыжиIамкIэ, илъэсипщI зыбжанэм къриубыдэу а щытыкIэ дыдэм иувэнущ Ставрополь щIыналъэри.
- Дэ нэгъуэщI мыхъуми къуршхэм иджы-ри дыкъахъумэ, мохэр тафэм тесщ, нэхъ щIэхыу къум щIыпIэ хъункIэ шынагъуэу. Абы и щапхъэ нэсщ мы илъэс зэкIэ­лъы­кIуэхэм дей жыгхэм ягъуэта щытыкIэр. Нэхъ быдэрэ хэплъыхь нэхъ зымыщIрэ къэ­гъуэтыгъуейуэ, дэни къыщыкIыу щыта дэшхуей жыгхэр сымаджэу хуежьащ: иджыри мыхъуа щIыкIэу, дэм и кур мэуфIыцIри, щын щIедзэ, хущхъуэгъуэу къагъэсэбэпу щыта и тхьэмпэхэм хагъуэ хе­- дзэ. Апхуэдэ жыг Iэчлъэчым щIыуэпсым къыхаутIыпщхьэ фIей псор щыхуэмыхьыжкIэ, адрей къэкIыгъэ цIыкIуфэкIухэм сыт ­къапэплъэр?
ЩIыуэпсым къылъыс лейм и къежьапIэхэм ящыщщ щIым телэжьыхьхэр езым           я хэхъуэм фIэкIа нэгъэщIым зэремыгуп­сы­сыр. Лъэхъэнэ блэкIам апхуэдэ щыIакъым: щIым гъэбгъэ дихырт, гъавэмрэ хадэ­хэ­кIымрэ зытрасэ хьэсэхэр пIалъэ пыухыкIам тету яхъуэжырт, абыхэм я дэтхэнэ зыми щIым зы гъэм фIэкIуэдар етIуанэгъэм трасам къыхилъхьэжын хуэдэу.
Иджыпсту илъэситху, илъэсих зэкIэ­лъы­кIуэм ар зымыхъуэжхэр нэхъыбэщ. Нэхъ шынагъуэжщ, пщэдей къапигъаплъэр ямы­щIэу, нобэ къагъэсэбэп щIыгъэпшэр щIэ­рыщIэхэри.

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: