Налшык арт-утыку къыщызэIуахКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ис сурэтыщIхэр, дизайнерхэр, музыкантхэр, IэпщIэлъапщIэхэр щызэдэлэжьэну арт-унэшхуэ иджы япэу къыщызэIуахынущ Налшык. Къалэм и зыужьыныгъэмкIэ "Платформа" институтым и унафэщI Шыхъуэстэн Оксанэ зэрыжиIамкIэ, езыхэмрэ "Эко-Нальчик" жылагъуэ экологие зэгухьэныгъэмрэ зэгъусэу ягъэпса "Арт-резиденцие "Платформа" проектым папщIэ ТуризмэмкIэ федеральнэ агентствэм сом мелуани 2-рэ мини 150-рэ къахуиутIыпщащ. Иджы фокIадэм Iуэхум иужь ихьэнурэ илъэсым и кIэм хьэзыр ящIынущ арт-уардэунэр. Ар 2017 гъэм къагъэщIэрэщIа, къалэдэсхэм фIыуэ ялъэгъуа Къэбэрдей уэрамым тетщ, пщIантIэм метр зэбгъузэнатIэ 500 и инагъщ. 2020 гъэм и бжьыхьэм мафIэс къыщыхъуа унэмрэ абы и пщIантIэмрэ грант ахъшэмкIэ зыхуей хуагъэзэжыну, цIыху зэблэкIыпIэ, щIалэгъуалэ теупIэ, турист къешэлIапIэ, гъуазджэм дихьэххэм я зэхуэсыпIэ ящIыну я мурадщ. Абы щIыпIэ хэха дахэ куэд иIэнущ лекцэхэр, зэIущIэхэр, зэпсэлъэныгъэхэр, артистхэм я зыкъэгъэлъэгъуапIэхэр, кино еплъыпIэхэр иIэу. Унэм и япэ къатыр мы гъэм щегъэжьауэ лэжьэнущ икIи гъэлъэгъуапIэ пэшхэмрэ иджырей гъуазджэм ирилажьэ лъэпкъ IэпщIэлъапщIэхэм я лъэщапIэхэмрэ хэтынущ, апхуэдэуи турист-информационнэ центр къыщызэIуахынущ. Нэхъ гъэщIэгъуэну хэтынухэм ящыщщ а IэпщIэлъапщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр къащэху къудей мыхъуу, ар зэращIым кIэлъыплъыну, уеблэмэ езыхэми я гуащIэ халъхьэну, зрагъэсэну Iэмал зэрыщыIэнур.
Поделиться:
Читать также:
05.05.2024 - 12:00 →
Гъуазджэм и хэщIапIэ
05.05.2024 - 11:00 →
ЦIыкIухэм ныпыр яфIэдахэщ
04.05.2024 - 09:00 →
Музейм и накъыгъэ гъэлъэгъуэныгъэхэр
30.04.2024 - 13:00 →
Гъатхэмэ къапех
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
|