Коронавирусым пэщIэтыфыну удз лIэужьыгъуэ

Мы зэманым псом нэхърэ нэхъыбэрэ зытепсэлъыхьыр дуней псор зэщIэзыщта коронавирус узыфэрщ – цIыхуитI зэхуэзамэ, я псалъэмакъыр абыкIэ къыщIадзэри абыкIи яухыж хъуащ, гуп зэхыхьэхэм я гугъу умыщIыххи. Узыфэ зэрыцIалэм зэрызыщыпхъумэну щIыкIэм, игъэсымаджэхэм я щытыкIэм, ар зэфыкIхэм нэхъ сэбэп яхуэхъункIэ хъуну Iэмалхэм ятеухуа тхыгъэхэри изщ интернетми.

Узыфэр зыпкърытхэр гъэхъужынымкIэ яча лъэбакъуэщIэхэм ящыщу иджыблагъэ интернеткIэ зэбграгъэхащ Израилым и щIэныгъэлIхэм хущхъуэщIэ къызэрагупсысам и хъыбарыр. Шэч хэмылъу, ар зэхэзыха псори щыгуфIыкIащ абы - хущхъуэщIэр сымаджэ нэхъ хьэлъэ дыдэхэм зэрыхалъхьэу нэхъыфI хъужу жаIэ дохутырхэм.

 НэгъуэщI зы хъыбари зэIэпах интернеткIэ – ар коронавирусым пэлъэщыфыну къэкIыгъэ лIэужьыгъуэ гуэр Австралием къызэрыщагъуэтам и хъыбарщ. КъэхутакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, лъэпкъ щхьэхуэхэм а удзыр узыфэ зэрыцIалэхэм ярипэщIэту лIэщIыгъуэ бжыгъэ хъуауэ къагъэсэбэп.

Нигелла савита удзыр, тмин фIыцIэ, римскэ кориандр, чернушка посевная цIэхэри зиIэр, коронавирус узым пэлъэщынкIэ гугъэ уигъэщIу къалъытэ Австралием и щIэныгъэлIхэм. А удзым и жылэхэм хэлъ хущхъуэгъуэхэр илъэс куэд хъуауэ ядж абыхэм. Удзым и жылэм тимохинон жыхуаIэ пкъыгъуэр хэлъщ икIи абы коронавирусым и пкъыгъуэм зыкIэрещIэри, тхьэмбылым игъакIуэркъым. Ар нэгъуэщI узыфэ куэдми зэрыпэщIэтыфыр наIуэ къызэращIрэ зыкъом щIащ. Иджы узыфэ лIэужьыгъуэщIэм зэребэнын хущхъуэ абы къызэрыхащIыкIыным яужь итщ.

ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэ.
Поделиться: