Поликлиникэр къагъэщIэрэщIэжУзыншагъэ Мы илъэсым республикэм и медицинэ IуэхущIапIэ куэдым зыгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щIэгъэхуэбжьауэ щокIуэкI. Абыхэм яхэтщ Шэджэм район сымаджэщым и поликлиникэ къудамэри. Ар узыншагъэр хъумэн IэнатIэм япэ дэIэпыкъуныгъэр цIыхухэм щыхуащIэ и IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжын программэм хэту ягъэзащIэ лэжьыгъэщ.
Iуэхур зэрекIуэкIым зыщигъэгъэгъуэзэну мы махуэхэм абы щыIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. Мы зэманым къриубыдэу IуэхущIапIэм и 3-нэ къатым зэгъэпэщыжыныгъэхэр щызэфIэкIащ. Абы щрагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэр зригъэлъэгъуа нэужь, министрым къыхигъэщащ Iуэхум хъарзынэу зэрехъулIар. Иджыпсту етIуанэ, ещанэ къатхэм щыIэ пэшхэр зыхуей хуагъазэ.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|