Дахагъэм и зэпеуэр Аруан щIыналъэм«Сыту дахэ ди Къэбэрдей-Балъкъэрыр!» – аращ зэреджэр Аруан щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэмрэ гъуазджэмкIэ «Лэгъупыкъу» сабий еджапIэмрэ иджыблагъэ къызэрагъэпэща зэхьэзэхуэм. Сурэт щIыным теухуа зэпеуэм ди щIыпIэм щыпсэухэм я мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм щыщхэми зыщагъэлъагъуэ хъунущ.
Зэпеуэр хуэунэтIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и пщIэр къэIэтыным, и цIэр дахэкIэ гъэIуным. Абы хыхьэ хъунущ зи ныбжьыр илъэс 18 иримыкъуа щIалэгъуалэр, курыт еджапIэхэм щIэс ныбжьыщIэхэр, гъуазджэ икIи щэнхабзэ IэщIагъэхэм щыхурагъаджэ IуэхущIапIэхэм я гъэсэнхэр.
Поделиться:
Читать также:
05.05.2024 - 12:00 →
Гъуазджэм и хэщIапIэ
05.05.2024 - 11:00 →
ЦIыкIухэм ныпыр яфIэдахэщ
04.05.2024 - 09:00 →
Музейм и накъыгъэ гъэлъэгъуэныгъэхэр
30.04.2024 - 13:00 →
Гъатхэмэ къапех
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
|