Я щытыкIэр нэхъыфI мэхъужIуащхьэмахуэ и щыгум хуэкIуэу бгым дэкIрэ пэт дунейр къызэIыхьэу гужьеигъуэ хэхуа альпинистхэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэхэр щагъуэт Республикэ клиникэ сымаджэщым. Абыхэм я деж щыIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. Сымаджэщым щIэлъщ зи Iэпкълъэпкъыр щIыIэм зэщIиIулIа альпинист 11. Абыхэм щыщу тIур - КъШР-м щыщ гъуэгугъэлъагъуэмрэ Санкт-Петербург къикIа туристымрэ - реанимацэм щыIэщ. Дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, гъуэгугъэлъагъуэ щIалэр махуэ зыбжанэкIэ палатэм ягъэкIуэжынущ, къэралым и ищхъэрэ къалащхьэм къикIа хьэщIэм и лъакъуэр операцэ ящIащ. Министрым альпинистхэм я узыншагъэм щыщIэупщIэм, къыжраIащ хуэм-хуэмурэ я щытыкIэр нэхъыфI зэрыхъужыр, къыхуащIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэм арэзы къызэращIыр. Къуршым дэкIыну ежьахэм я щхьэ кърикIуа гузэвэгъуэр егъэлеяуэ зыхащIащ, абы нэгъуэщI узыфэ гуэрхэр къахухэмыкIын папщIэ психологхэр ядолажьэ.
Поделиться:
Читать также:
07.05.2024 - 16:43 →
Iэщ щхьэ бжыгъэм хэхъуэн папщIэ
07.05.2024 - 13:28 →
ГъащIэм цIыхур егъэунэху
07.05.2024 - 10:18 →
Адыгэхэр дэни щылэжьакIуэшхуэщ
06.05.2024 - 17:00 →
ПэIущIэм нэсахэщ
06.05.2024 - 16:55 →
Пшадэрэ Пщыщэрэ
|