Пхъэщхьэмыщхьэр кърахьэлIэжКъБР-м къыщызэрагъэпэщащ тонн мини 150-рэ зыщIэхуэну хъумапIэ. 2016 гъэм республикэм и хъумапIэхэм щIэхуэну щытар зэрыхъур тон 88,5- рэ къудейт, нэгъуэщIу жыпIэнумэ, иужьрей илъэситхум къриубыдэу ар процент 70-кIэ нэхъыбэ хъуащ. Мы гъэми тонн мин 17-м нэблагъэ зыщIэхуэну хъумапIэщIэ ягъэхьэзырыну я мурадщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн къызэрыхигъэщащи, мэкъумэшым елэжьхэм гъавэу, пхъэщхьэмыщхьэу кърахьэлIэм я бэвагъым къыхохъуэри, гъэтIылъыпIэ, хъумапIэ тэмэм уимыIэу, гъавэхэкIхэри пхущыгъэлъынукъым. Псалъэм папщIэ, абы къызэрымыкIуэу хуэныкъуэщ пхъэщхьэмыщхьэ къезыхьэлIэжхэр. Пхъэщхьэмыщхьэм и фIагъри, и теплъэри фIэмыкIуэдын папщIэ, хъумапIэ яухуэхэм щIалъхьэхэр илъэс псокIи зыри къащымыщIу, я теплъэми зимыхъуэжу щIэлъынущ, - жиIащ министрым. Мы гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым пхъэщхьэмыщхьэу тонн мин 530-рэ къыщрахьэлIэжыну хуагъэфащэ.
Поделиться:
Читать также:
07.05.2024 - 16:43 →
Iэщ щхьэ бжыгъэм хэхъуэн папщIэ
07.05.2024 - 13:28 →
ГъащIэм цIыхур егъэунэху
07.05.2024 - 10:18 →
Адыгэхэр дэни щылэжьакIуэшхуэщ
06.05.2024 - 17:00 →
ПэIущIэм нэсахэщ
06.05.2024 - 16:55 →
Пшадэрэ Пщыщэрэ
|