Ар мэпсэу егъэджакIуэу

Мы гъэм илъэс 80 ирикъуащ лэжьыгъэм и ветеран, УФ-м и щIыхь зиIэ егъэджакIуэ Сатушы ФатIимэт Хьэмзэт и пхъур, егъэджэныгъэм илъэс 50 езытар. И ныбжь нэсу пенсым ар зэрыкIуэрэ куэд щIами, нобэ игукIи и псэкIи егъэджакIуэщ, ухуэзамэ, сыхьэт бжыгъэкIэ щылэжьа зэманымрэ иутIыпща еджакIуэхэмрэ тепсэлъыхьыфынущ.
ФатIимэт накъыгъэм и 5-м 1941 гъэм Дзэлыкъуэ лъахэм хыхьэ Къармэхьэблэ къуажэм бынунагъуашхуэм къыщалъхуат. Хэку зауэшхуэр щыщIидзэнум къалъхуа хъыджэбз цIыкIум зауэ нэужь зэманми псэукIэ тынш илъэгъуакъым. И адэр пасэу дунейм ехыжащ. Абы щыгъуэ ФатIимэт илъэс I2; быным я нэхъыщIэ Толэ илъэсибгъу хъууэ арат. Куслъум и закъуэ быний ипIыну и пщэ къыдэхуат. Сабийхэр махуэ къэс еджапIэ нэужьым къэрэкъурэхьэ кIуэхэрт – унэр гъэхуэбэн, пщэфIэн хуейтэкъэ. ФатIимэт цIыкIу еджапIэм къыщIишыжыну Куслъум щытегушхуаи къэхъуащ, апхуэдизкIэ фызабэм и псэр зэпычырти. «Гуэщым щIэз гъэсын зэхуэсхьэсынщ, кхъыIэ школыр хыфIызумыгъадзэ!» - лъэIуащ хъыджэбз цIыкIур. ИкIи, пэж дыдэу, гуэщым щIэз и закъуэ зэхуихьэсат! Зэманыр хьэлъэми, абы апхуэдизкIэ щIэныгъэм гу хуищIати, сытри ищIэну хьэзырт, еджэн папщIэ. Литературэр зыхилъхьэ щыIэтэкъым, нэху щыху уэздыгъэ нэфкIэ тхылъым бгъэдэсыфынут, фэтыджэн лъыпсейр игъэсу. ЕгъэджакIуэ абы къызэрыхэкIынури нэрылъагъут: и классэгъухэм зэджахэр яхуиIуэтэжу, дерсым къащыгурымыIуа гугъухэр къагуригъэIуэжу, экзаменхэм хуигъэхьэзыру якIэрыщIат.
    I959 гъэм ФатIимэт еджапIэр къиухри и шыпхъу нэхъыжь Марят здеджэ педагог училищэм щIэтIысхьэну мурад ищIащ. (Напсокъуэ Маряти пэщIэдзэ классхэм илъэс 47-кIэ щылэжьащ). И анэр арэзытэкъым: Марят Налшык щыIэт, мыргуэрыр иутIыпщмэ, дэIэпыкъуэгъуншэу къанэрт. Iуэхум къыхэIэбащ а зэманым еджапIэм и директору лэжьа Къамбий Мухьэб. ФатIимэт и еджэкIар, и гумызагъагъэр зыщIэ Мухьэб ар тригъэгушхуащ вожатэу лэжьэну. Апхуэдэу, пIалъэ кIэщIкIэ щагъэхьэзыр курсхэр къиухри, ФатIимэт егъэджэныгъэм хуэлэжьэн щIидзащ. ИужькIэ, I965 гъэм, апхуэдизу зыщIэхъуэпс педагог училищэр къиухащ. 1964 – 1973 гъэхэм макъамэмрэ домоводствэ жыхуиIэ предметымрэкIэ иригъэджащ, I973 гъэм щыщIэдзауэ езыр зыхуеджам – пэщIэдзэ классхэр иригъаджэу – щIидзащ.
    ФIыщIэрэ пщIэрэ хэлъу ФатIимэт топсэлъыхь Къамбий Мухьэб – егъэджакIуэ IэщIагъэм хуэзыша икIи илъэс куэдкIэ зыдэлэжьа цIыху щэджащэм: «Мухьэб уригъусэу зыщIебгъэхыну, мыхъумыщIэу улэжьэну уи нэгу къыщIумыгъэхьэххэт! Ар езыр сыт хуэдэ унафэщIт! Сыт хуэдэ лэжьакIуэт! «ЕгъэджакIуэхэм я егъэджакIуэж» жысIэнт абы щхьэкIэ. Игури и псэри еджапIэм, егъэджэныгъэм, гъэсэныгъэм етат. Псом япэ школым къыдыхьэрт, псом я ужькIэ дэкIыжырт. Дэри ди лэжьыгъэм демыгугъуу къытхуидэртэкъым. Куэдри къыпщытхъунутэкъым. ФIыи, Iеи – абы щыббзыщIыфыни щыIэтэкъым. ЕгъэджакIуи, еджакIуи – абы зи Iуэху зыIут имыщIэ некIуалIэртэкъым. Зи Iуэху хуэмыхъуми дэIэпыкъуну хьэзырт».
     ФатIимэт егъэджакIуэу лэжьащ жыпIэныр мащIэщ. Ар егъэджакIуэу псэуащ. Япэ эксперементальнэ гупхэм щыщт абы ейр – ещанэ классым къикIхэри ахэр етхуанэм кIуат. Иригъэджахэм ящыщу цIыху 25-м дыщэ медалкIэ къаухащ. Ахэм ФатIимэт тынш дыдэу топсэлъыхь, нэгъуэщIу щытын хуеяуи ищIэркъым. «Пщэдджыжьым еджапIэм сынэсу си сабийхэм я нэм сыщIэплъамэ, гукъеуэу сиIэр сщыгъупщэрт. Лэжьыгъэр къызэхъулIэрт. Си ехъулIэныгъэхэм я щэхумкIэ къыщызэупщIкIи, къызгурыIуэртэкъым. Сэ сфIэфIу сылэжьа къудейуэ аращ…»
    Илъэс куэдкIэ ФатIимэт Дзэлыкъуэ лъахэм пэщIэдзэ классхэр щезыгъаджэхэм я методикэ зэгухьэныгъэм и унафэщIу щытащ. Абы итха лэжьыгъэхэмрэ чэнджэщхэмрэ егъэджакIуэ щIалэхэм къахуэщхьэпэт.
     Зы илъэс къэмынэу щыщхьэуIум екIуэкI совещанэхэм къыщыпсалъэрт.
    Аттестацэ къэпщытакIуэхэм яхэту ар здэмыкIуа еджапIэ куейм иткъым.
    ПIалъэ кIыхькIэ еджакIуэхэр тэмэму зэрыригъэджам, зэригъэсам къыпэкIуэу, Сатушы ФатIимэт мызэ-мытIэу фIыщIэгуапэ тхылъхэр къыхуагъэфэщащ: ВЛКСМ-м и обкомымрэ профсоюзым и обкомымрэ къабгъэдэкIыу (1970); РСФСР-м и щIэныгъэмкIэ Министерствэм просвещением къыбгъэдэкIыу (I984)
    ФатIимэт зыпэрыт лэжьыгъэм имызакъуэу, къуажэ гъащIэм жыджэру хэта цIыхущ. Къуажэдэсхэм къабгъэдэкIыу ар хахащ щIыпIэ самоуправленэм депутату.
    Зи гугъу сщIа псоми къыдэкIуэу ар икIи унэгуащэ щапхъэт, и быниплIыр – Iэуес, Iэсият, Ахьмэд, Назирэт - фIыуэ зылъагъу, зыхуей хуэзыгъазэ анэ емышыжт. Бынхэри гъэсауэ, зыхэтым хэзагъэу къэтэджахэщ – я адэ Хьэбашэрэ я анэ ФатIимэтрэ щIэукIытэн щхьэусыгъуэ зэи иратакъым.
    Пенсым зэрыкIуэрэ ФатIимэт зы махуэ Iуэхуншэу щысакъым: и къуэрылъхухэр къыдэIэпыкъуурэ, компьютерымкIэ лажьэу зригъэсащ. Усэхэр етх. Куэд йоджэ. И бынхэмрэ ахэм я быныжхэмрэ хузэфIэкIымкIэ ядоIэпыкъу.

Къэшэж Людмилэ, Къармэхьэблэ къуажэ
Поделиться: