«Къуэ» псалъэм къытепщIыкIахэрКъуэ - куууэ псым диха щIыналъэ, уэх; КъуэтIыхь - быдапIэм и хъуреягъкIэ Iуащхьэ лъагэу зэтетхъуауэ къекIуэкI шытх, быдапIэр къызэратIыхь къуэ; КъуэтIыгъэ - (жьы хъуа псалъэщ) - зыгуэрым и кIыхьагъкIэ ирикIуэу датIыкIа щIытI; Къуэшыхь - куууэ дэкI къуэм и кIэух, и лъэныкъуитIымкIи джабэ къыIуту; Къуащхьэ - къуэ, къуэкIий дэкIыр ищхьэхэмкIэ щиух щIыпIэ; Къуае - къуэ дыхьэгъуей; КъуакIэ, къуэкIий - къуэ дэха, дэуда; Къуэдэгу - къуэ куу, къуэ Iэуэлъауэншэ; Къуэдыдж - къуэ зэв куу, щыхупIэ куу; КъуэкIий нэф (къуэнэф) - псым диха къуэладжэ зэв, даущыншэ; КъуакIэ - Iузэу, чэнжу дэха уэх, къуэ; КъуакIэбгыкIэ - тафэу щымыт, лъагапIэм лъахъшапIэкIэ зыщызэрихъуэкI, бгы куэду здэщыIэ щIыпIэ.
Поделиться:
Читать также:
26.04.2024 - 17:06 →
Тызылыкъуэр пэщIэдзэт
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
29.03.2024 - 12:24 →
Бийм зы гупу пэщIигъэуват
20.03.2024 - 11:17 →
Къанжал зауэм и щхьэусыгъуэр
24.02.2024 - 12:05 →
КъикIуэт зымыщIэт Къардэн Сыхьэт-Джэрий
|