Къанжал зауэм и щхьэусыгъуэр

Тхыдэм щыщ напэкIуэцIхэр къыщыгъэлъэгъуэжа дэфтэрхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIи адыгэхэм я IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжымкIи, ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ псышхуэм щхьэщылъагыкI Къанжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм 1708 гъэм зауэзэрылI шынагъуэ щекIуэкIащ. 
Нэхъ пыухыкIауэ жытIэмэ, къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ «мыхьыр» езыгъэхьу а лъэхъэнэм къэгъуэгурыкIуа Кърым хъаныгъуэм зэщIиугъуаеу къыздришэжьа дзэ абрагъуэмрэ Къэбэрдейм, егъэзыгъэ а Iуэхум хэлъами, зэщIигъэуIуэфа зауэлI гупышхуэмрэ зи гугъу тщIа щIыпIэм деж, Къанжал бгыжьым и Iэгъуэблагъэм, зыщызэпашауэ (щызэрихьэлIауэ) щытащ. 
Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэ купщIафIэм къызэрыщихьауэ, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий 1707 гъэм и гъатхэкум Кърым хъаныгъуэр къыхуагъэфащэри, тахътэм нэмыс щIыкIэ къэбэрдейхэм къеныкъуэкъун щIидзащ.
Ныкъуэкъуэн зи гуращэм щхьэусыгъуи къегъуэт. Тхьэм ещIэ, лIыгъэ зехьэпIэ схуэхъунщ жиIа, хьэмэрэ къэбэрдейхэр тпыIукIуэтащ, щхьэзыфIэфI хъуащ, фейдэ хэхыпIэ хъужыркъым, Псыжь къишыжауэ, псэлъэмакъыншэу ди унафэм щIэгъэувэжын хуейщ, жиIэу егупсыса? 
ХъаныщIэм, «схуэфэщэн пщIэ къысхурамыщIи иреплъ!» жыхуиIэ щIыкIэу, Къэбэрдейм иутIыпщащ тезырхэх (цIыхухэх, адыгэхэр «цIыхуткIэ» еджэрт) калга къулыкъур зылъыса и къуэш нэхъыщIэ Менлы-Джэрий, семэн цIыху щитху дэщIыгъуу. Хабзэ зэрахуэхъуауэ, щхьэхуимыт адыгэхэр хъану теувэм щIалэ, хъыджэбзкIэ хуэупсэрт. 
Тыгъэм и бжыгъэр зэтемыхуэу къаIуатэ. Къэбэрдейхэм илъэсым хуэзэу къуэдыуэ нэрыбги 120-рэ къатехуэу щытауэ етхыжыж Нэгумэ Шорэ. 300 къэзыгъэлъагъуи щыIэщ. 1653 гъэм хъан Ислъам III (1644-1654) и щхьэгъусэ, пщы Кургъуокъуэ и адэ шыпхъу Нэкурэ дыщырыкIыу цIыхуи 130-рэ здришат. АрщхьэкIэ, къэбэрдейхэм я деж цIыхухэх ягъэкIуа калга Менлы-Джэрий пщIэншэрыкIуэу яутIыпщыжат. 
«Къэбэрдейм къыщыхъуа псор дэ тщIэркъым. Шэч зыхэмылъыр зыщ. Джэрийхэ зэрахьэ хабзейр афIэкIа тхуэхьыжынукъым, дегъэпуд, дегъэикIэ, жаIэри, зэрыкъэбэрдейуэ зыкъаIэтащ, - къыщеIуатэ адэкIэ зи гугъу тщIа и тхыгъэм Сокъур Валерэ. Пщы уэлий ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ абдеж напи лIыгъи иIэу къыщIэкIри, цIыхубэм и телъхьэу къэуващ, псом япэуи фэжагъуэ щалъагъур абы и дежт».
А зэщIэхъееныгъэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу Ксаварио Главани итхыр мыращ: «Къаплъэн-Джэрий къэбэрдейхэм нэхъ яхузэфIокI жыхуиIэу, цIыхут тезырыр тIукIэ игъэбэгъуати аращ». Сытми, хабзэжьыр иджыри къэс дгъэзэщIами, дяпэкIэ ди Iуэху къезэгъыжкъым, дыбгынэжащ жаIэри, калгар IэнэщIу яутIыпщыжащ. Абы ер къикIащ. 
Зауэ къэIэтын цырхъыр Кургъуокъуэ къызэрыIэрыхьэу, икIэщIыпIэкIэ лIыкIуэ иутIыпщащ тырку сулътIан Ахьмэд III (1703-1730) и деж, къыщхьэщыжыну лъаIуэу. Тыгъэу щIалитхурэ хъыджэбзитхурэ хуащIри, щхьэтечу хуэтхьэусыхащ: «ЦIыхутыр щыIащ, хъану теувэм тыгъэ хуэтщI хабзэу. АрщхьэкIэ, иужьрей 15 - 20-м илъэс къэс хъаныщIэ тоувэ, тхузэфIэкIыжыркъым, хабзэ хьэлъэр зэрыдгъэзэщIэн бын къытщIэхъуэжыркъым. КъинэмыщIауэ, ди цIыхум и нэхъыбэр муслъымэн хъуащ, къуажэ къэс мэжджыт щыдоухуэ, нэмэз уахътитхур догъэзащIэ. АтIэ, диным къезэгърэ муслъымэным езым хуэдэ муслъымэным апхуэдэ лей ирихыну?».
Истамбыл кIуа лIыкIуэхэм уэздыгъэ нэхукIэ гущIэгъу къыщалъыхъуами щагъуэтынутэкъым. Къэбэрдейхэм ямыдэ цIыхутыр уэсмэн пащтыхьыр зэпыу зимыIэу зыхуей Iуэхугъуэт. Къэралышхуэр цIыхушхуэ хуэныкъуэт, нэхъри ефIэкIуэн, зиужьын папщIэ. НэмыщIауэ, тырку лъэпкъыр узыншэ, теплъафIэ хъун щхьэкIэ, зэхэгъэж щымыIэу, фIыцIи хужьи, чыристэни мажусии, курд, ермэлы, алыдж ирехъу, гуфIэу зыхагъэхьэрт, ящыщ ящIырт. Адыгэми абазэ-абхъазхэми а Iуэхум мыIейуэ я гуащIэ халъхьат. ФIэщ щIыгъуейщ икIи гуауэщ, ауэ Жан Шарден (1670) щыхьэту мэув, XVII лIэщIыгъуэм, илъэсым хуэзэу, Адыгэ Хэкум цIыху мин 12-м нэблагъэ ирашу щытауэ. «Узэсэр сэгъейщ» - жи! КIэщIу жыпIэмэ, мы муслъымэн къэралыгъуэхэр а щытыкIэм ирагъэса-ягъэудэфам шэч хэлътэкъым. 
Щхьэхуитыныгъэм щIэкъу къэбэрдейхэр Псыжь къиIэпхъукIыжарэ ягъэзэжын зэрамыдэр, щтапIэ къэкIуа беслъэнейхэр Кърымым зэрырамытыжыр, цIыхут хабзэр ягъэзэщIэн зэрамыдэжыр Тырку сулътIаным шэ фIыцIэу техуащ. А псори къилъытэри, ар хъаным и телъхьэу къэуващ. Iэ зыщIидза хъурмэтым (унафэ, фирман) итт мыпхуэдэу: къэбэрдейхэр щхьэзыфIэфI хъуащ, тхьэгъэпцIщ, хабзэкъутэщ, муслъымэн пащтыхьым епцIыжащи, «хъаныр я пашэу, дзэ мин 30-40 хуэдиз зэхуэшэсауэ гущIэгъуншэ зауэ ещIылIэн, я жылэхэр зэтекъутэн, гъэсын», - жиIэу. ХъунщIакIуэ зекIуэм текIуэдэнури сулътIаным дыщэ ахъшэу къиутIыпщащ, хъанми сэшхуэ зэгъэпэща къыхуигъэфэщащ. 
Къэбэрдейхэм я Iуэхур икъукIэ хэплъэгъуэ хъуащ. Муслъымэн псоми я пашэ, Азие щIылъэныкъуэм щытепщэ Тырку сулътIанри, европей къэралхэри, Урысей къэралыгъуэри зыфIэлIыкI Кърым хъанри ныкъуэкъуэгъу пщIыныр дзыхьщIыгъуэджэм къыщынэртэкъым. Къэбэрдейм, езым и къару нэмыщI, зыщыгугъын иIэтэкъым.
Тырку унафэм ипкъ иткIэ Къаплъэн-Джэрий зэхуишэса дзэ фIыцIэм и бжыгъэр зэтемыхуэу къаIуатэ. Тырку тхакIуэ Рашид (апхуэдэущ зэритыр Сокъурым и тхыгъэм) и тегъэщIапIэу Хаммер И. жеIэр Къаплъэн-Джэрий и гъусэу Къэбэрдейм зэуакIуэ къэкIуауэ бесараб нэгъуейуэ мини 6, хъаным и гвардие семэну мин 1,5-рэ, «сипахи» жыхуаIэм хуэдэу тырку шу мини 3 (Кафэ къалэм и санджакбей Муртаза я пашэу), кIэмыргуейуэ мини 5, Псыжь адрыщI нэгъуей лIэужьыгъуитхур (Абри де Мотрэ хьисэп ещI мыбыхэм мин 15 къагъэувауэ), пщы Бэчмырзэ и къуэ Тэтэрхъан зэрыжиIауэ - мин 20, ар нэхъ мащIэ дыдэщ, Гербер - мин 30, зэман дэкIа иужь, Къэбэрдей пщыхэм – мин 30-40, Кантемир – мин 80, Мотрэ – мини 100. Сытми, биидзэр мин 20-м къыщыщIэдзауэ мин 50-м нэблэгъагъэнущ. Къэбэрдейм дежкIэ ар куэдыкIейт, дзэ фIыцIэ хъужыр аракъэ?
 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: