Шиллер и IэдакъэщIэкIхэр

Нэмыцэ усакIуэ, философ, тхыдэтх, драматург Иоганн Христоф Фридрих Шиллер 1759 гъэм щэкIуэгъуэм и 10-м Германием и ипщэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Вюртемберг пащтыхьыгъуэм хыхьэ Марбах-на-Неккаре къалэ цIыкIум къыщалъхуащ. И адэ Каспар Иоган Илъэсибл зауэм хэтати, Фридрих илъэсих хъуху зыпIар и анэм и закъуэщ.

Абы еджэн щыщIидзар Лорх къуажэрщ. Япэ махуэм щегъэжьауэ щIэныгъэм дихьэхат щIалэ цIыкIур, икIи и егъэджакIуэр хуабжьу игу ирихьырт. ИужькIэ, Людвигсбург мэIэпхъуэри, латин школым кIуэуэ щIедзэ. Абы илъэсиплI щеджа нэужь, апхуэдизкIэ фIыуэ зригъэщIат латиныбзэри, а бзэмкIэ усэхэр зэхелъхьэ, рим усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр зэредзэкI. Сабий гурыхуэр къызэрыгуэкI дерсхэм дихьэхыртэкъым. Ауэ абы и гур хигъахъуэрт Людвигсбург уардэунэхэм махуэшхуэ гуэр щекIуэкIмэ, е театр теплъэгъуэхэр щилъагъумэ. Аращ абы япэ дыдэу оперэ щызэхихар, балет щилъэгъуар, драмэ щыщеплъар. Унэм кIуэжа нэужь, абы езым театр теплъэгъуэхэр зэхилъхьэрт, илъэгъуахэм запищIыжу джэгурт, иужькIэ езыми зыгуэрхэр зэхилъхьэ хъуат.

Шиллер и IэдакъэщIэкIхэр къыщацIыхур Германием и закъуэкъым, атIэ къэрал куэдым щоджэ. Абы итхахэм ящыщщ «Оды к радости» тхыгъэр. Къэбгъэлъагъуэмэ, абы и текст зэрагъэзэхуэжаращ Европэ союзым и гимн ящIар.

Бзэм и щэху псоми фIыуэ щыгъуазэ, зи гупсысэр Iэзэу къэзыIуэтэф Шиллер и псалъэ куэд шэрыуэ хъуащ. 1859 гъэм, Шиллер дунейм къызэрытехьэрэ илъэси I00 зэрырикъур щагъэлъэпIар Европэм и закъуэкъым, атIэ США-м пщIэ щыхуащIащ абы и фэеплъым.

Шиллер и IэдакъэщIэкIхэр гукIэ зэрагъащIэу щытащ, XIX лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ школым зэрыщрагъаджэ тхылъхэм иратхэ.

* * *

Зэныбжьэгъугъэр апхуэдэу махэу блэ мафIэкъым, ущызэпэIэщIэм ужьыхыжыну.

ГъащIэр апхуэдэу тынш зыми къыпщищI къыщIэкIынкъым уи хъуэпсапIэм ухуэпабгъэу упсэуным нэхърэ.

Зи псэр зэIуха цIыхум и нэгури къабзэщ.

Си фIэщхъуныгъэхэм си гум и къеуэкIэм зыдахъуэжмэ, гуауэ сщыхъунущ.

Iейм я нэхъ Iейр укъэзыуIэ бзэращ.

ПщIэншэу пфIэкIуэда дакъикъэр езы гъэдэщIыдэми къыуитыжыфынукъым.

ЦIыхум фIыщIэ хуэщIынращ нэхъ псынщIэ дыдэу пщыгъупщэр.

Сабийхэм я джэгукIэм гупсысэ куу щыхэлъ къохъу.

Лъагъуныгъэ пэжым сыт хуэдэ гугъуехьри пщхьэщех.

И Iуэху ныкъуэщIэр къигъэнауэ адэкIэ къэхъунум пэплъэу гъуэгукум итыр акъылыншэщ.

АктерыфIым дежкIэ роль Iей щыIэкъым.

ТекIуэныгъэ псоми я нэхъыщхьэр – зыгуэр бгъэгъуфынырщ.

Псалъэ купщIэншэхэм гум телъ хьэлъэр трахыркъым.

ЩIыхьыр гъащIэм нэхърэ нэхъ лъапIэщ.

Къэбарт Мирэ.
Поделиться:

Читать также: