Нэщхъеягъуэр дагуэшКъэбэрдей-Балъкъэрым иужьрей гъуэгуанэм щытрагъэхьащ Донецк, Луганск республикэхэм щыпсэухэр яхъумэн папщIэ зэхаубла спецоперацэм хэту я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда зауэлIхэр. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыуэщIхэм хэтащ. Республикэм и УнафэщIыр и щхьэкIэ яхуэгузэващ я псэ емыблэжу зи къалэныр зыгъэзэщIа, полицэм и подполковник, Кэнжэ къуажэм щыщ КIэщт Аслъэн Сэфарбий и къуэм, Бахъсэненкэ щыщ Къалэжьокъуэ Ренат Руслан и къуэм, Налшык щыпсэуа Джэху Альберт Руслан и къуэм, Урысей гвардием и Управленэм КъБР-м щиIэ къудамэм хэта, полицэм и майор Къудей Ратмир Хьэбалэ и къуэм, УФ-м и Лъэпкъ гвардием хэта зауэлIхэу Яныкъуей щыщ прапорщик Этезов Iэниуар Хьэмид и къуэм, Гундэлэн щыщ сержант нэхъыщIэ Бачиев Алим Къурмэнбий и къуэм я Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ.
Поделиться:
Читать также:
08.05.2024 - 12:00 →
Къуаншэм нэхърэ - хэкIыпIэ
02.05.2024 - 15:28 →
IифтIар хьэмэ хэщхьэж?
02.05.2024 - 12:25 →
Ди къалэнхэр дыухакъым
25.04.2024 - 15:35 →
Зыгъэгуси зыщыгъэтхъу
22.04.2024 - 15:05 →
Дэнэ фи газетыр къыщытщэхунур?
|