Тутей Марат и зэфIэкIхэрБахъсэн къалэм и курыт еджапIэ №6-м и еджакIуэ Тутей Марат «Билет» зи фIэщыгъэу къыдигъэкIа фильмыр щагъэлъэгъуащ «Lift-Off Sessions-2022» кинофестивалым. Лэжьыгъэр трахащ «Антарес» егъэджэныгъэ центрыр и дэIэпыкъуэгъуу. Мазаем икухэм Тутейм и лэжьыгъэр утыку щрахьащ Берлин, Манчестер, Токио, Нью-Йорк, Торонто, Лос-Анджелес, Париж, Сидней, Мельбурн. Фильмым и купщIэр тхылъымпIэ ахъшэхэр зы Iэм IэщIэкIыу нэгъуэщIхэм Iэрыхьэурэ цIыху гъащIэм зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыратырщ, ахъшэр тхылъымпIэу зэрыщытыр зэрызыщагъэгъупщэрщ. НэхъапэIуэкIэ Марат ныбжьыщIэхэм яхуэгъэза сериали трихауэ щытащ, Америкэм и «NETFLIX» кинокомпанием папщIэ. Ар щытекIуащ «Юнкор России» онлайн-марафоным хыхьэу «Россия глазами детей. Посмотрим» сериалым и лIыхъужь нэхъыщхьэр, сценарист, оператор къалэнхэр зылъагъэсынум ехьэлIауэ къызэрагъэпэща кастингым. Апхуэдэу, ар хэтащ «Цели устойчивого развития» проектым икIи нэхъыфIу къалъытащ игъэхьэзыра видеороликыр.
Поделиться:
Читать также:
05.05.2024 - 12:00 →
Гъуазджэм и хэщIапIэ
05.05.2024 - 11:00 →
ЦIыкIухэм ныпыр яфIэдахэщ
04.05.2024 - 09:00 →
Музейм и накъыгъэ гъэлъэгъуэныгъэхэр
30.04.2024 - 13:00 →
Гъатхэмэ къапех
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
|