ЗыгъэлъэщынымкIэ дэIэпыкъуэгъухэрXXV Дунейпсо экономикэ форумым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ «Промсвязьбанк» ПАО-мрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэ щызэращIылIащ. Абы щыхьэт техъуэ дэфтэрым Iэ щIадзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ «Промсвязьбанк» ПАО-м и унафэщI Фрадков Пётррэ. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм инвестицэ и лъэныкъуэкIэ и Iуэхухэр зэIузэпэщу щытын папщIэ, щIыналъэ, федеральнэ программэхэр, мыхьэнэшхуэ зиIэ проектхэр гъэзэщIэ- ным хуэгъэза зэгурыIуэныгъэхэр иджыри зэтщIылIэнымкIэ, Iуэхугъуэ пыухыкIахэр дубзыхунымкIэ нобэрей зэгурыIуэныгъэр икъукIэ къытщхьэпэжынущ, ар ди зэдэлэжьэныгъэм и лъабжьэ быдэу къоув», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 10:00 →
Улахуэр аргуэру къаIэтынущ
04.05.2024 - 09:00 →
Егъэджэныгъэм и мардэщIэхэм хуокIуэ
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 13:44 →
ЩытыкIэр я нэIэ щIэтщ
|