Турист IэнатIэм зрагъэужьСанкт-Петербург щекIуэкI XXV Дунейпсо экономикэ форумым хэту КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ «Ростуризм»-м и унафэщI Догузовэ Заринэрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ зэхуэ-защ. Ахэр тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм турист IэнатIэм зегъэужьынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм. Туристхэм я бжыгъэр кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъур къэплъытэмэ, гулъытэ зыхуэщIыпхъэу къонэж курортхэм я инфраструктурэр егъэфIэкIуэныр, хьэщIэщ пэшхэм къыхэгъэхъуэныр, апхуэдэуи а унэтIыныгъэмкIэ къыхалъхьэ жэрдэмхэр дэIыгъыныр. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и унафэкIэ, а Iуэхугъуэ-хэм сом мелуан 250-рэ хухахащ.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 10:00 →
Улахуэр аргуэру къаIэтынущ
04.05.2024 - 09:00 →
Егъэджэныгъэм и мардэщIэхэм хуокIуэ
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 13:44 →
ЩытыкIэр я нэIэ щIэтщ
|