ХьэщIэхэр ирагъэжьэжДи газетым зэрытетащи, мэкъуауэгъуэм и кIэхэм Адыгэ Республикэм и махуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым гукъинэжу щекIуэкIащ, абы и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъумрэ Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я гъэу мы илъэсыр зэрагъэувамрэ я щIыхькIэ (Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Шэшэн республикэхэм 2022 гъэм ягъэлъапIэ я къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъур). СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, мэкъуауэгъуэм и 27-м къыщызэIуаха «Промыслы и ремёсла Адыгеи» выставкэм щагъэлъэгъуащ Адыгейм и цIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэм я IэрыкI гъэщIэгъуэнхэр. Ди къуэш республикэм и художникхэм я лэжьыгъэхэм наIуэ къытщащIащ я щIыналъэм и дахагъэр. Абы зрезыгъэхьэлIа дэтхэнэми Iэмал иIащ игу ирихьа хьэпшыпыр къищэхуну.
Поделиться:
Читать также:
05.05.2024 - 12:00 →
Гъуазджэм и хэщIапIэ
05.05.2024 - 11:00 →
ЦIыкIухэм ныпыр яфIэдахэщ
04.05.2024 - 09:00 →
Музейм и накъыгъэ гъэлъэгъуэныгъэхэр
30.04.2024 - 13:00 →
Гъатхэмэ къапех
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
|