Сыт Гуэл ЩхъуантIэхэм ябзыщIыр?Адыгэ Республикэм щыщ Виятик Викторие щылажьэр Мейкъуапэ къыщыдэкI «Красное знамя» газетырщ. «Си щIыналъэ жыжьэ» зэпеуэм хэту «Шэрхъым тесу ятха репортажым» ар щытепсэлъыхьыжащ Гуэл ЩхъуантIэхэм зэрыщыIам. «Дуней гъуэщам» си гум апхуэдизкIэ зигъэпсэхуауэ сыкъыщIэкIыжырти, сигу къэкIащ: «Дэнэ щыIэж иджы гъащIэм IэфI щIэмылъыжу къысфIэзыгъэщIа си гуныкъуэгъуэхэр? Чэф узыщI хьэуа къабзэмрэ нэр зымыгъаплъэ уафэ щхъуантIэмрэ яхуэмыгъэхъужын уз щыIэкъым. НэгъуэщI мыхъуми, илъэсым зэ мыбы укъыщIэкIуэн щхьэусыгъуэ къыпхуэгъуэту щытын хуейщ. Мыбдежырщ къыщыбгурыIуэр упсэуну зэрылъэщыр!»
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 10:00 →
Улахуэр аргуэру къаIэтынущ
04.05.2024 - 09:00 →
Егъэджэныгъэм и мардэщIэхэм хуокIуэ
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 13:44 →
ЩытыкIэр я нэIэ щIэтщ
|