Комсомолхэм блынхэр ягъэдахэНалшык и комсомол зэгухьэныгъэм хэтхэм Къэбэрдей уэрамым тет унэм сурэтхэр тращIыхьащ, «Минеральные воды» IуэхущIапIэм пэмыжыжьэу. Iуэхур къызэрагъэпэщащ ЩIалэгъуалэм я урысейпсо махуэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъумрэ я щIыхькIэ. Блыным граффити сурэтхэр тещIыхьыным теухуа Iуэхум хэтащ комсомолхэмрэ студентхэмрэ. Ар и жэрдэмщ КъБКъУ-м и япэ курсым щIэс комсомол Мэржан Аслъэн. Художник ныбжьыщIэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и ныпыр блыным тращIыхьащ икIи тратхащ «Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100» псалъэхэр. Апхуэдэу Iуащхьэмахуэрэ Сосрыкъуэрэ я сурэтхэри тращIыхьащ. - Блыным граффити сурэт тетщIыхьыным тыншу арэзы техъуакъым а IуэхущIапIэм и унафэщIхэр. ИкIэм арэзы хъури, ди мурадыр къыдэхъулIащ, - жеIэ Мэржан Аслъэн. - Гъунэгъуу абдеж сызэрыщыпсэум къыхэкIыу, махуэ къэс а унэмкIэ сыблэкIырти, сигу къэкIащ зы гъэщIэгъуэн гуэр а блыным тепщIыхьу и IуплъапIэр зэрыпхуегъэфIэкIуэнур. Комсомол зэгухьэныгъэм и унафэщI Мыз Мурат зэрыжиIамкIэ, КПРФ-м и къудамэу ди республикэм щыIэм и япэ секретарь Пащты Борис IуэхущIапIэм и унафэщIхэм щагурыIуэм, щIалэхэм пщэдджыжьым сыхьэти 9-м щIадзэри, пщыхьэщхьэ хъуху егугъуу сурэтхэр блыным тращIыхьащ. НыбжьыщIэхэр Iэмэпсымэхэм щыдахьэха нобэрей зэманым щIалэхэм къэблагъэ махуэшхуэм и пэ къихуэу Iэмал иратащ сурэт щIыным щаIэ зэфIэкIхэр апхуэдэ щIыкIэкIэ къагъэлъэгъуэну. Мыз Мурат зэрыжиIэмкIэ, апхуэдэ лэжьыгъэхэм иджыри къыпащэну яубзыхуащ.
Поделиться:
Читать также:
05.05.2024 - 12:00 →
Гъуазджэм и хэщIапIэ
05.05.2024 - 11:00 →
ЦIыкIухэм ныпыр яфIэдахэщ
04.05.2024 - 09:00 →
Музейм и накъыгъэ гъэлъэгъуэныгъэхэр
30.04.2024 - 13:00 →
Гъатхэмэ къапех
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
|