Бжьыхьэпэ мазэ

Япэ бжьыхьэ мазэр иджырей фокIадэр аращ, абы и 22-м къихьэу. Бжьыхьэпэ мазэр къихьамэ, гуахъуэ хэх укIуэ хъунущ», жаIэу щытащ. Ар цIыхухэм фIыуэ ягъэунэхуа Iуэхут. Бжьыхьэр къихьамэ, жыгхэм я хэхъуэныр щагъэт, пхъэ кумылэр мэж, пхъэ хъунур ягъэхьэзыр. 
Мы мазэм щхьэкIэ «Си хьэр цIыху хъуащэрэт», щыжаIэ зэманщ», - жаIэрт адыгэхэм. ЦIыхукIэ мащIэ фIэкIа зэрымыс унагъуэхэм мэшых щIыхьэху ящIырт. Гъавэ бэв къайхъулIарэ яхузэщIэмыкъуэжмэ, зрикъунум хуэдиз яIуэрти, адрей къэнар щэджу зэтралъхьэрт. ЩIымахуэ щIэкIауэ щэдж уиIэныр фIыуэ, унагъуэ хуэщIам и нэщэнэу ябжырт. Абы къыхэкIыу, зыгуэрым и Iуэху къимыкIамэ, «и щэджыжьыр иIуэжащ» жаIэрт. Мыбы ехьэлIат «хьэм тетыгъуэ» жыхуаIэри. Ар хьэблэм е къуажэм зы хьэм яIэу абы чэзууэ щылажьэу зэрыщытам и щапхъэу къэнащ. ГъавэщIэ кърахьэлIэжам сэджыт, бытыр хуэдэхэр хатыкIын ипэ, „хамэIумыхуэ“ жаIэрти тхьэлъэIу цIыкIу ящIырт. ГъавэщIэм щыщ япщэфIырти яшхырт, итIанэ псапэ ящIэн щIадзэрт. Гъавэм щыщу Iыхьи бгъум епщIанэр бытыру ятырт; Iэщым, мэл-бжэнхэм – щынэ плIыщI къэс зы яту арат, ауэ нэхъыбэ птынуи фIыт. 
Мы мазэм хиубыдэрт – Гъубжэдэх тхьэлъэIур. Ар унагъуэ тхьэлъэIухэм ящыщ зыщ. ТхьэлъэIум щынэхъыщхьэр унэгуащэрт. Ар зэрекIуэкIыр мыпхуэдэут. Губгъуэм итахэм Iуэн зыухахэм я пщэм гъубжэ дэлъу пщIантIэм къыдыхьэжхэрт. Унэгуащэмрэ сабийхэмрэ гуфIэу абыхэм къапежьэрти хъуахъуэрт, гъэр узыншэу зэрызэщIалъхьам щхьэкIэ тхьэшхуэм фIыщIэ хуащIу. ИтIанэ унэгуащэр Iэбэрти, зыгуэрым и пщэм дэлъ гъубжэр къыдихыну хуежьэрт. АрщхьэкIэ гъубжэр зи пщэм дэлъым ар къыдригъэхыртэкъым. ИтIанэ унэгуащэм хьэлывищрэ махъсымэ фалъэрэ къахущIихырт губгъуэм щыIахэм. Ар къыдыхьэжахэм я нэхъыжьым иритырти, хъуахъуэурэ псоми я пщэм дэлъ гъубжэхэр къыдихырт, ахэр хьэщIэ лъапIэм ещхьу къригъэблэгъэжырт. Мыбы щыгъуэ гъавэщIэр щапщэфI къэхъурт. А гъавэщIэм щыщ яшхмэ, абы и ужькIэ хамэIумыхуэ тхьэлъэIури занщIэу ящIу щытащ.
 

Къэбарт Мирэ.
Поделиться: