Зэгъэзэхуэным и дунейпсо махуэ1924 гъэм жэпуэгъуэм и 27-м Италием и Милан къалэм щызэхашат Банкхэм я япэ дунейпсо конгресс (Ist International Savings Bank Congress). Абы щызэIущIат ЩIы Хъурейм тет къэралхэм ящыщу 29-м щыIэ ахъшэ хъумапIэ нэхъ инхэм я лIыкIуэхэр. Ахъшэ хъумапIэу къэрал куэдым щыIэхэм я лэжьакIуэхэм я япэ зэхуэсышхуэр пщIэ зыхуэщIыпхъэу къызэралъытам къыхэкIыу, кърихьэлIахэм зэхыхьэм и кIэухым къыхалъхьащ дяпэкIэ жэпуэгъуэм и 31-р Ахъшэ зэгъэзэхуэкIэм и махуэу гъэувыпхъэу. АрщхьэкIэ, зи гугъу тщIы зэIущIэм хэта, Италием щыщ профессор Равизза (Ravizza) и жэрдэмкIэ, а махуэр абдеж дыдэм къыщабжащ ЗэгъэзэхуэкIэм (Экономием) и дунейпсо махуэу (International Saving Day).
Поделиться:
Читать также:
17.04.2024 - 11:48 →
Дунейпсо щIэиным и махуэ
02.04.2024 - 13:24 →
Бзухэм я дунейпсо махуэ
21.03.2024 - 10:00 →
Махуи жэщи щызэтехуэ
20.01.2024 - 13:00 →
Нэжэгужагъэщ - узыншагъэщ
15.01.2024 - 17:45 →
Мэзкъуэдыхэмрэ лъэпкъ паркхэмрэ я махуэ
|