Къалащхьэм и уэрамхэмрэ зыгъэпсэхупIэхэмрэ ирагъэфIакIуэКъэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI цIыхухэм я зэхуэсыпIэу, зыгъэпсэхупIэу щыт щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыным хуэунэтIауэ. Иджыблагъэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къиплъыхьащ Налшык къалэм и къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ сымаджэщхэмрэ КъуэкIыпIэ псэупIэ хьэблэщIэмрэ хуэкIуэ гъуэгур, абы и Iэшэлъашэхэр. КIуэкIуэ Казбек жиIащ мы уэрамыр зэрызэрагъэпэщыжынур. Абы теухуа проект-сметэ тхылъхэр ягъэхьэзыр, 2023 гъэм ирагъэкIуэкIыну гъуэгу лэжьыгъэхэм хагъэхьэн папщIэ. Транспорт зекIуапIэр къагъэщIэрэщIэжынущ, лъэс зекIуапIэхэр щIэуэ ящIынущ, иджырей уэздыгъэхэр щыфIадзэнущ, щхъуантIагъэхэр щыхасэнущ. Щоджэным и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ Уэрам цIыкIумрэ я зэблэкIыпIэм хуэзэу иджырей сквер щащIынущ. Абы зыгъэпсэхупIэхэр, къэкIухьыпIэхэр, щыджэгу, спортым зыщыхуагъасэ щIыпIэхэр иIэнущ.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 10:00 →
Улахуэр аргуэру къаIэтынущ
04.05.2024 - 09:00 →
Егъэджэныгъэм и мардэщIэхэм хуокIуэ
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 13:44 →
ЩытыкIэр я нэIэ щIэтщ
|