Ди жьантIэм куэдрэ удэсыну, ди нэхъыжьыфI!

ЦIыхум щIыхь къыхуэзыхьыр и ныбжьыркъым, атIэ и лэжьыгъэрщ. Адыгэ лъэпкъым и пщIэ лъагэр зи IэужькIэ, гуащIэдэкIкIэ къэзыхьахэм, зыхуэфащэхэм ящыщ зыщ Гъут Iэдэм. Ар IуэрыIуатэр, псом хуэмыдэу эпосым къызэщIиубыдэ жанр лIэужьыгъуэхэр джыным пасэу дихьэхащ икIи  щIэныгъэ тхыгъэ куэд и къалэмыпэ къыщIэкIащ. Абы къикIыркъым IуэрыIуатэм и адрей лъэпкъыгъуэхэр Iэдэм гулъытэншэу къигъэнауэ: лирикэми драмэми хыхьэ жанрхэм теухуауэ щIэныгъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэу, ауэ зэIубз мыхъуа Iуэхугъуэ куэд абы къитIэщIащ.

А псоми къадэкIуэу, Iэдэм и гуащIэ хилъхьащ лъэпкъ литературэр, абы и къежьапIэр, зэрызиужьар,  IуэрыIуатэм щигъэзащIэ къалэныр гъэнэхуным. Пэжщ,  илэжьам куэди тетхыхьащ, ауэ дэри къыдбгъэдэкIыу мыр къыжытIэну дыхуейт: Гъутыр щIэныгъэрылажьэ нэхъ Iэзэ дыдэу адыгэ лъэпкъым къыхэкIахэм ящыщщ. Абы хуабжьу лэжьыгъэшхуэ зэфIихащ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, адыгэ IуэрыIуатэр щызэхуэхьэсыжа тхылъхэр, литературэр лъэныкъуэ куэдкIэ джыным триухуа щIэныгъэ тхыгъэхэр, адыгэ узэщIакIуэхэм ехьэлIауэ дунейм къытехьахэр, лъэпкъым къыхэжаныкIа щIэныгъэлIхэм яхуитхахэр, ди адыгэ тхакIуэ-усакIуэхэм я тхыгъэхэм яхуэгъэпса критикэ лэжьыгъэ хьэлэмэтхэр. Зы шэчи къытетхьэркъым а псори ди IуэрыIуатэр, литературэр зыджыну, къэзыхутэну гукъыдэж зыщI щIалэгъуалэм хуабжьу сэбэпышхуэ зэрахуэхъум. Щапхъэщ нобэ щIэныгъэм хыхьа щIэблэр Iэдэм и чэнджэщ щхьэпэхэм тету зэрылажьэр. Абы къегъэлъагъуэ ар егъэджакIуэ-гъэсакIуэуи зэрыщытыр.
Iэдэм и фIыгъэ хэлъщ тхыдэр, пасэрей щэнхабзэр, IуэрыIуатэр щызэпкърыхауэ щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм ятха монографиехэр, статьяхэр зэгъэкIуауэ къызэрыдэкIым. Сыт хуэдэ упщIэкIи абы зыхуэдгъазэми, и Iуэху къегъанэри жэуап къыдет, къыдэхъулIа лэжьыгъэ мащIэмкIи щытхъу псалъэ дахэхэр къытхуегъэфащэ, щыуагъэ тIэщIэкIахэми Iэдэбу гу лъыдегъэтэж, а щIыкIэмкIэ лэжьыгъэм дызэрыдригъэхьэхыным хущIэкъуу.
Апхуэдэу Iэдэм дызыхуиущийхэм ящыщщ ди япэ ита щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэхэр и лъабжьэу дэ езым ди гупсысэ зэфIэдгъэувэфыныр, ар тегъэщIапIэхэмкIэ щIэдгъэбыдэжыфу зедгъэсэныр.
ГъутI Iэдэм и IэдакъэщIэкIхэр яхуэщхьэпэщ еджакIуэхэми студентхэми. Курыт еджапIэхэм папщIэ абы зэхилъхьащ адыгэ литературэмкIэ тхылъхэр, хрестоматиехэр, программэхэр.
IуэрыIуатэм и пщIэм, лъэпкъ литературэм дежкIэ абы иIэ мыхьэнэм теухуа псалъэмакъ купщIафIэ куэд студентхэм ядрегъэкIуэкI Iэдэм, диплом лэжьыгъэхэр щагъэхьэзыркIэ, и чэнджэщхэмкIэ защIегъакъуэ. Шэч хэлъкъым апхуэдэ зэдэлэжьэныгъэм щIэблэм я дежкIэ икъукIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэм.
НыбжьыщIэхэм яхуэгъэза тхыгъэхэм гъэсэныгъэ-ущииныгъэ мыхьэнэ яIэныр къалэн нэхъыщхьэу зэрыщытым куэд дыщыгъуазэщ. Абыхэм я ухуэкIэри, купщIэри, ящIэлъ гупсысэри а къалэн нэхъыщхьэм телажьэу щытщ. УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Гъут Iэдэм и усэхэм, рассказхэм, новеллэхэм, очеркхэм хэбгъуэтэнкъым гъэсэныгъэ, акъыл, Iущыгъэ гуэр къызыхыумыхын.
КъыжытIахэм я щыхьэтщ Гъутым жылагъуэм щиIэ пщIэ лъагэр. ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академием, Къэбэрдей-Балъкъэр, Шэшэн республикэхэм я парламентхэм, КъБР-м и Правительствэм, Дунейпсо Адыгэ Хасэм, нэгъуэщI IэнатIэ, IуэхущIапIэ зыбжанэми я щIыхь тхылъхэр, цIэ лъапIэхэр къыхуагъэфэщащ еджагъэшхуэм, къэпщытакIуэ гуп зэмылIэужьыгъуэхэм хагъэхьэ.
Гъут Iэдэм зи къару илъыгъуэ щIэныгъэлIщ, литературэ критикщ, тхакIуэщ, усакIуэщ, лэжьакIуэ лъэрызехьэщ. Абы ноби ирегъэкIуэкI лъэпкъ IуэрыIуатэм, литературэм и зыужьыныгъэм ехьэлIа къэхутэныгъэхэр. Ахэр адыгэ лъэпкъым и дежкIэ уасэ зимыIэщ, налкъут кIанэм пэлъытащ. Дэ дрогушхуэ Iэдэм хуэдэ нэхъыжь ди япэ иту дызэрылажьэм. ЩIэблэм и гъэсакIуэ пажэм дохъуэхъу ди жьантIэм куэдрэ узыншэу дэсыну.

 

 

ХЬЭГЪЭЖЕЙ Лианэ, ИГИ КБНЦ РАН-м адыгэ IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ.
Поделиться: