Фысакъ

 «Россельхознадзор» ФГБУ-м и «Къэбэрдей- Балъкъэр референт центрым къет»

Мэлхэм къеуалIэ Iуей узыфэ зэрыцIалэр нэхъ шынагъуэхэм хабжэ, ар къэзыгъэхъей вирусри гъэкIуэдыгъуейщ. АтIэ дауэ абы узэрыпэщIэтынур?

Узыр Iэщым къыпкърыхьа нэужь, япэ махуи 4-14-р зэхамыщIащэу йокIуэкI, абы и ужькIэ я нэхэр къопщ, я нэпс-пэпсыр къыпож, къарит плъыржьэрагъыр градус 41- 42-м щынэс щыIэщ. Iуейм зэман хэха иIэкъым, Iэщхэм я ныбжьыми елъытакъым. Ар зыпкърытхэр щтэIэщтаблэ мэхъу, шхыным ягу хуэкIуэркъым.

ЩIапхъэр:Iэщ сымаджэхэр занщIэу щIыпIэ Iэгъущэлъэгъущэ ягъэIэпхъуэ, ират Iусым йодистэ калий хухалъхьэ, цIынагъэ зиIэ я щIыфэхэм стрептоцид, борнэ мазь лIэужьыгъуэхэр щахуэ. Абы   зэ игъэсымэджа Iэщым ар афIэкIа къеуэлIэжынукъым, иммунитет лъагэ иIэ мэхъури. Iэщхэм Iуей узыфэр япкърытрэ япкърымытрэ къащIэн папщIэ лъы хашри, клиникэ - эпизоотологическэ къэпщытэныгъэхэр драгъэкIуэкI. КъищынэмыщIауэ, Iэщыхъуэхэм ящIапхъэщ:

  1. Iуей узыр щызекIуэ щIыпIэхэм Iуэхур зэтес щыхъужыху, Iэщ, зэрыIэбэ Iэмэпсымэ, Iусыпхъэ хуэдэхэр абы къипш зэрымыхъунур;
  2. Апхуэдэ IуэхущIапIэхэм къыщащэхуа Iэщыр махуэ 30-кIэ щхьэхуэу Iыгъын хуейщ.
  3. Iэщ хъупIэхэм, псы ефапIэхэм, чэтхэм ветеринар-къабзагъэ  мардэхэр сыт и лъэныкъуэкIи щагъэзэщIапхъэщ.

Урысейм и Правительствэм иригъэкIуэкI къэпщытэныгъэхэм  я фIыгъэкIэ, ди къэралым а узыфэм куэдрэ ущрихьэлIэркъым, иджырей вакцинэхэми ар  яIэщIэкIынукъым.

                 

Поделиться: