Нэхъыжьхэм я щапхъэр ноби зи гъуазэ

КупщIафIэщ КъБАССР-м щIыхь зиIэ и артист Мулай Алихъан и гъащIэр, республикэм и щэнхабзэ Iуэхухэм жыджэру хэт, абы зи гуащIэр хуэзыгъэпс цIыхум езым хуэфэщэж дуней «иухуэжащ». Ар и блэкIам ирогушхуэ, ноби лъэпкъ щэнхабзэм хуолажьэ, и къэкIуэнум мурадыфIхэр хузэпещэ…

Псори къыщежьэр «Кабардинка» ансамблырщ

Мулай Алихъан Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм къыщалъхуащ. Абы дэт курыт еджапIэм и еянэ классыр къиухри, Налшык къалэ щыIэ ухуакIуэ техникумым щIэтIысхьащ. Абы иужькIэ куэд дэмыкIыуи «Кабардинка» къэфакIуэ ансамблым ирагъэблэгъащ.

- «Кабардинка» ансамблыр, сэ къызэрыслъытэмкIэ, ди лъэпкъым и напэщ, абы и цIэ къудейм уи гур къызэщIиIэтэу, уи щхьэр лъагэу уигъэлъагъужу апхуэдэщ, - жеIэ Алихъан. - 1969 гъэм «Кабардинка»-м сыхыхьауэ щытащ. Илъэс 22-кIэ абы сыкъыщыфащ. Нобэми гуапэу сигу къокIыж а зэманыр. Лъэхъэнэ телъыджэт ар. Дунейм и щIыпIэ куэдым сыщыIащ ансамблым сыхэту. Ахэр къезбжэкIыу щIэздзэмэ, газет напэкIуэцIыр тхуримыкъункIэ мэхъу. Нэхъыщхьэращи, дэнэ къэрал дыщымыIами, ди адыгэ фащэм, къэфэкIэм псори итхьэкъуу апхуэдэт.

Сызыхэта гупращи, куэдым сыхуагъэсащ икIи сыхуаущиящ абыхэм. Псори зы унагъуэм хуэдэу дызэхэтт, зэрыжаIэу, гуфIэгъуэри гузэвэгъуэри зэдэдгуэшу. ПщIэ уиIэнми щIыхь къыпхуащIынми - псори зэлъытыжар уи щIыб къыдэт гуп зэкъуэтырщ. Абы и лъэныкъуэкIэ сэ нобэми сызэрыгушхуэ нэхъыжьыфIхэр си япэ итащ. Абыхэм я лэжьыгъэм хуаIэ бгъэдыхьэкIэр плъагъуу щапхъэ ятумыхыныр емыкIушхуэт. Езэш ящIэртэкъым абыхэм, я зэфIэкIым, Iэзагъэм зэрыхагъэхъуэным сытым дежи хущIэкъурт. Апхуэдэхэт, псалъэм папщIэ, Алэкъей Мухьэмэд, ДзыхьмыщI Къэралбий, Марыщ Заур, Мамбэт Хьэсэн, Мысачэ Алихъан, Къуэдз Михаил, Къарэжь Людмилэ, ДзыхьмыщI Зарэ, Ассаевэ Светланэ, БжэныкIэ Надеждэ, ДыщэкI ФатIимэт, Уэрэзей Лидэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Мис абыхэм ещхь сызэрыхъуным сыхущIэкъурти, сытым дежи я Iуэху зехьэкIэм сыкIэлъыплъырт, садэплъейрт. Си гугъэмкIэ, цIыху нэс узыщIыр гъуазэ пхуэхъухэрщ.

«Кабардинка» ансамблым къыхэкIыжа иужь, Мулайр ирагъэблэгъащ Шэджэм районым ЩэнхабзэмкIэ и унэм щызэхэт «Шэджэм псыкъелъэхэр» цIыхубэ ансамблым. Илъэс 30-м нэблэгъауэ художественнэ унафэщIу абы щолажьэ. А зэманым къриубыдэу ансамблым ехъулIэныгъэ мымащIи зыIэригъэхьащ, республикэми районми щекIуэкI сыт хуэдэ гуфIэгъуэ Iуэхугъуэхэми жыджэру хэтщ.        

Иорданием щыIэ «Нади Ахьли» клубыр

2005 гъэм Мулайр Иорданием ирагъэблагъэри, «Нади Ахьли» клубым къекIуалIэ ныбжьыщIэхэр къафэм хуигъасэу илъэситIкIэ абы щыIащ. Хэхэс адыгэхэм я щIэблэм я блэкIар ящIэу, я хабзэ дахэр я Iэпэгъуу къэгъэтэджынымкIэ а зэман мащIэм къриубыдэу лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ Алихъан.

- Къафэм и мызакъуэу, уэрэд жыIэнми ныбжьыщIэхэр хуэзгъэсащ, - жеIэ Мулайм. - Сэ зэхэзгъэува концерт программэхэмкIэ мызэ-мытIэу дгъэгуфIащ Иорданием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр. Дауэ къыпщыхъуа хамэ щIыналъэр зи натIэ хъуа ди лъэпкъэгъухэр жыпIэмэ, икъукIэ сыщыгуфIыкIащ абыхэм я хабзэмрэ нэмысымрэ зэрахъумэжыфам. Пэжщ, сэ сызыдэлэжьа ныбжьыщIэхэм яхэтащ зи анэдэлъхубзэр зымыщIэхэр, апхуэдэхэм зыгуэр нэхъ мыхъуми зэрезгъэщIэным сыхущIэкъуащ. Езы ныбжьыщIэхэри лъэпкъ тхыдэм, IуэрыIуатэм, щэнхабзэм теухуауэ нэхъыбэ къызэращIэным щIэхъуэпсырт. Зи хэку исыж дэри гъунэгъу лъэпкъхэм яжь къыщытщIиху къохъу, абыхэми зыхэс лъэпкъым зыдрамыгъэкIуу хъуркъым. Дауэ мыхъуми, нэхъыжь зыщхьэщытхэм я жьэгу пащхьэм адыгэ хабзэр нэхъ щызекIуэу щытщ. «Адыгагъэ зыужьыныгъэкIэ» нэхъ къыткIэрыхуми, я лъым ар зэрыхэтыр къапщIэу, ягъэнэхъапэу апхуэдэхэщ.

 ГъащIэ гъуэгуанэм уриплъэжмэ ...

ГъащIэр гъэщIэгъуэну зэхэлъщ, фIыри Iейри щызэхэухуэнащ абы. Дэтхэнэ зы цIыхуми щхьэж къыхуиуха и гъащIэ Iыхьэр езым тэмэму къызэрилъытэм хуэдэу ирехьэкI, нэгъуэщIу жыпIэмэ абы ират мыхьэнэр зэхуэдэкъым.

- ГъащIэм и мыхьэнэр нэсу къыпхуэхутэнукъым, - жеIэ Алихъан. - Иджыпсту дызыхэпсэукI зэманым мылъкур нэхъ щытепщэщ, цIыху гъащIэм и мыхьэнэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, нэхъ цIыкIу мэхъу. АбыкIэ езы цIыхур къуаншэу схужыIэнукъым, ар дызыхэпсэукI зэманым и «фащэхэм» ящыщ зыуэ къыщIэкIынщ. ЦIыхур псэуху и къэухьми зэхэщIыкIми зиужьурэ макIуэ. КъэскIуа гъуэгуанэм сриплъэжкIэрэ иджы сэ къызгуроIуэ къызэуэлIа насыпыр зыхуэдэр. «Кабардинка»-м зи гъусэу сыхэта гупым я деж куэд дыдэ къыщысщIащ сэ. Алэкъей Мухьэмэдрэ Къуэдз Михаилрэ адыгагъэм, гъэсэныгъэм, зэщхьэгъусэхэм яку дэлъын хуей зэхущытыкIэм, цIыхубзым узэрыбгъэдэтыным теухуауэ дызыщIагъэдэIуахэр сэ зэи сщыгъупщэжынукъым. Мыхэр сыту цIыху губзыгъащэ, мыбы къагурыIуэм си акъыл щынэсынур дапщэщ жысIэу седаIуэрт абыхэм. МыдэкIэ Гъут Iэдэм, Бгъэжьнокъуэ Барэсбий, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Хьэх Сэфарбий, Дзэмыхь Къасболэт сымэ нэхъ гъунэгъуу сапыщIауэ сыщытщи, Iуэхугъуэ куэдым нэгъущIынэкIэ срагъэплъу апхуэдэщ. Упсэуху щIэ гуэр къэпщIэнущ, гъащIэм и мыхьэнэр гъунэншэщ. Сэ си насыпу къызолъытэ апхуэдэ ныбжьэгъухэмкIэ Тхьэр къызэрысхуэупсар. Куэдрэ сигу къокIыж Бгъэжьнокъуэ Барэсбий къызжиIауэ щытар. Радио цIыкIу иIыгъыу адыгэ щыпсэу республикэхэр, къэралхэр къызэхикIухьырт абы, адыгэ уэрэдыжьхэр, хъыбарыжьхэр зэхуихьэсыжу. Зэгуэр абы зыхуэзгъэзащ: «Барэсбий, зэ уетIысэхыу щхьэ зумыгъэпсэхурэ?» - жысIэри. «Алихъан, дэ иджыпсту ди лэжьэгъуэщ, зызгъэпсэхуу сыщыскIэ ди тхыдэм, щэнхабзэм теухуа хъыбархэр къызыпытхыжынур иужькIэ дэнэ къыздитхыжынур, зэманыр дэ къыдэжьэнукъым. Мис аращ зыщIэзмыгъэпсэхур», - къызитыжат абы жэуапу. АтIэ ар гъащIэм и мыхьэнэм куууэ кIуэцIрыплъыф цIыхутэкъэ?! Мис апхуэдэхэрщ узыдэплъеинур.

УцIыкIуу плъагъур уигу нэхъ къонэ

ЦIыхум и унагъуэм щигъуэт гъэсэныгъэм куэд елъытащ. Сабийм цIыкIухукIэ зыхыумыгъэлъхьа хьэлыр балигъ хъуа иужь къыпхуегъэщтэжынукъым. Сабийр зыхуиущийр езы балигъми хэлъу, ар абы къыдилъагъуу щытын хуейщ. Хабзэ, зэгурыIуэ зэрылъ унагъуэм къыщыхъу сабийр гъащIэм нэхъ тегушхуауэ хэтщ. Абы и лъэныкъуэкIи и насып къикIащ Мулай Алихъан. Ар къыщыхъуащ хабзэмрэ нэмысымрэ зи жьэгум щытепщэ адыгэ унагъуэ нэсым.

- Адыгагъэшхуэ хэлът си адэшхуэм, - жеIэ Алихъан. - Дадэ адыгэ фащэ щыгът, сэ ар сфIэгъэщIэгъуэну, сфIэдахэу сыкIэлъыплъырт. СыщIалэ цIыкIуу си адэшхуэр апхуэдэу зэрыслъэгъуар сигу къинэжащ, ноби си нэгу къызэрыщIыхьэжыр адыгэ фащэр щыгъыущ. Адыгэ хабзэр щызекIуэрт ди унагъуэм. Чий набжэщ а зэманым щыIар. Махуэ гуэрым пщIантIэ дыхьэпIэм деж иIэ набжэ зэхуакум сыдэтт. Дадэ ар щилъагъум къызэшхыдащ икIи къызжиIащ: «Абдеж узэрыувам къегъэлъагъуэ уэ хьэщIэ узэрыхуэмейр. ПщIантIэм къыдыхьэну хуей цIыхум, мыбы уригъэблэгъэну щытамэ, абдеж къэувынтэкъым, жеIэри йогупсыс». А зы Iуэхугъуэ цIыкIум щIэлъ мыхьэнэм и куууагъым еплъыт. Дадэ сыдэшхэну сфIэфIт, ауэ нанэ зэи хуит сищIыртэкъым. «ЕмыкIущ, зыгуэр къыщIыхьэмэ, - жиIэрт абы, - ар нэхъыжьщ, уэ уи ныбжь нэсакъым абы удэшхэну». Куэд мэхъу апхуэдэ гъэсэныгъэу си сабиигъуэм къыхэсхар. ПщыхьэщхьэкIэрэ унагъуэр зэхэтIысхьэжамэ, цIыху зэхэтыкIэм, зэбгъэдэтыкIэм тепсэлъыхьырт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ быным къыдгурагъаIуэрт дызэрыщытын хуейр. Си адэшхуэм и шыпхъум къызжиIэрт: «Къуажэм щекIуэкIыу уи адэшхуэр зыхэмыта гуфIэгъуэ зэхыхьэр мыхъуауэ ябжырт». Апхуэдэ пщIэ иIащ абы, шэч хэмылъу, ар къыхуэзыхьари и адыгагъэрщ. Мис апхуэдэ нэхъыжьыфIхэм я жьауэм сыщIэту сыкъэхъуащ, абыхэм яхуэфэщэнуи си гъащIэ гъуэгуанэр къесхьэкIыу къысщохъу.

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.
Поделиться: