Насып лъагъуэ

ЩIэныгъэ зригъэгъуэту Налшык къалэ къигъэзэжа нэужьи КIыщыр хуабжьу гугъу ехьащ. Апхуэдизу зыкъыщIэзыгъэкъуа, езыгъэджа и анэжьыр къуажэм къыдишыну, зригъэгъэпсэхуну, иригъэIуэтэжыну хуейт. Марусэ зыщIэс унэр апхуэдизкIэ жьы хъуати, и лъэгур имылъыжу, щIы пцIанэт. Мухьэдин сыт хуэдэ лэжьыгъэри игъэзэщIэну хьэзырт, ахъшэ кърат закъуэмэ. Псалъэм папщIэ, щIалэм плакатхэр, афишэхэр игъэхьэзырт, автобус къэувыIапIэхэр игъэщIэращIэрт, курыт еджапIэм черчениемкIэ щригъаджэрт, ауэ сытым дежи езым и лэжьыгъэ щхьэхуэхэм, и сурэтхэм щхьэкIэ зэман къигъуэтт. Ар щIэхъуэпсырт СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм зэгуэр хыхьэну, сурэт щIыным фIэкI нэгъуэщI лэжьыгъэ имыIэу хъуну. 
1960 гъэхэм я кум Мухьэдин и анэри зришэлIэжауэ, къалэм уни къыщратауэ (Лукич къыдэIэпыкъуурэ зыIэригъэхьат), щхьэгъуси бынитIи иIэу псэут. Зэрыхъум хуэдэу псэут. Сыт хуэдэ лэжьыгъэми зрипщытт, ар республикэм и кIуэцIрами, нэгъуэщI щIыналъэ къыщыхуагъуэтми. Ауэрэ машинэ къищэхуащ, къуажэм унэ щиухуэн щIидзащ. 
А псори КIыщым зэран къыхуэхъурт и мурад нэхъыщхьэр къехъулIэнымкIэ – художник нэс хъунымкIэ. И щхьэ щыхуэлэжьэжыр жэщрат икIи а зэманым, езым зэригугъэжымкIэ, «сурэтыщI куэдхэм нэхърэ нэхъыкIэу лажьэрт». 
Гува-щIэхами, цIыхур къызыхуигъэщIам и лъагъуэм тоувэж. Апхуэдэу къыщыщIащ Мухьэдини. НэгъуэщIуи хъунутэкъым, цIыхухэм зэхамыщIыкI, къагурымыIуэ, сурэтыщIым къыдалъхуа зэфIэкIым гущIэр къришхыкIырт. Зыгуэрым хуэкIуэн, зыгуэр хъуэжын зэрыхуейр къыгурыIуауэ, псэхупIэ игъуэтыжтэкъым. Арами, а зэманым КIыщым къигъэщIахэм къыхэлындыкIырт «Къэбэрдей хьэгъуэлIыгъуэ» зифIища и сурэтыр. Адыгэ лъэпкъым, щэнхабзэм, адыгагъэм хуиIэ лъагъуныгъэр къиIуэтат абыкIэ. 
Ауэрэ 1970 гъэхэри къэсащ. Мухьэдин и сурэтхэр псори зэсам фIыуэ къащхьэщыкIырт, къызыгурымыIуэххэри гъунэжт. КIыщым и IэдакъэщIэкIхэм ящыщ зы Творчествэм и унэм (Москва) щагъэлъэгъуати, «Мыр гъуазджэм жыжьэрэ-гъунэгъуу екIуалIэркъым!», - жиIэгъащ академик гуэрым. Сурэтыр фIахыжат, ауэ Мухьэдин и жагъуэ ищIакъым ар, адрей сурэтыщI къэунэхуагъащIэхэм я IэдакъэщIэкIхэми арат натIэ яхуэхъуар. 
Мухьэдин Москва щIэх-щIэхыурэ кIуэуэ, гъэлъэгъуэныгъэ, галерее зэмылIэужьыгъуэхэм къекIуалIэхэм ягу ирихьхэр, зыщытхъухэр, я псэ темыхуэхэр зригъащIэу, кIэлъыплъу щIидзащ. Иджы Мухьэдин ищI сурэтхэм теукIытыхьыжтэкъым, абы и гур къызэрыгъуэтыжат, адрейхэм я лэжьыгъэм нэхърэ езым ейр зыкIи зэрымынэхъыкIэр къыгурыIуат. 
Ар къэпцIатэкъым. Гъэлъэгъуэныгъэхэм ярит и сурэтхэр фIыуэ ящэхурт. Мухьэдин мурад ещI и IэдакъэщIэкIхэр хамэ къэрал гуэрым ишэну. Инджылызым щыщ и цIыхугъэщIэ Мухьэдин къыдэIэпыкъуащ абыкIэ. Абы къыжриIащ Лондон сурэт гъэлъагъуэ къыщызэригъэпэщынымкIэ къызэрыдэIэпыкъуфынур. Ауэ хузэфIэкIакъым. Банкым хэлъ ахъшэхэр щыхисхьэ зэманти, Мухьэдин и гъэтIылъыгъэр IэщIэкIащ, и Лондон кIуэнри лъэлъэжащ. Къыхуэнэжыр арати, сыт хуэдэ уасэ къратми, и сурэтхэр ищэу щIидзэжащ. 
А зэманращ Мосс Жаклин къыщицIыхуар. Инджылыз цIыхубзыр абы и гъащIэм къыщыхыхьам, Мухьэдин и ныбжьт илъэс 53-рэ. КъызэрыщIэкIамкIи, КIыщым дяпэкIэ псэун щIидзэу арат. 

…къыкIэлъыкIуэнущ

Сурэтыр тезыхар Къарей Элинэщ.

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: