Дамэхэм заIэтри…

Жаклин сытым дежи сабий жыIэдаIуэу, щэныфIэу, губзыгъэу къэхъуащ. Спортри, сурэт щIынри, балетри, скрипкэри, пианинэри и лъым хэтт. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, литературэм хуеджэну игу къыпылъадэри,  университетым щIэтIысхьащ испаныбзэмрэ урысыбзэмрэ зригъэщIэну. Жаклин зыщIэтIысхьа университетым апхуэдэ хабзэ иIэти, илъэс ныкъуэкIэ Испанием, илъэс ныкъуэкIэ СССР-м щыпсэун хуейт. Апхуэдэу Жаклин урыс гъащIэм, щэнхабзэм, коммунизмэм щыгъуазэ хъуащ, ныбжьэгъу куэди зэригъэпэщащ.

И хэкум игъэзэжа нэужь, Жаклин лэжьапIэ уващ икIи мыгувэу Инджылызым щыпсэу испан щIалэ дэкIуащ. БынитI зэдагъуэтауэ, илъэс куэдкIи насыпыфIэу зэдэпсэуауэ, Жаклин илъэс 40-м щыщIигъум ирихьэлIэу и щхьэгъусэм емызэгъыж хъури, зэбгъэдэкIыжащ. И пщэдей хъунури къыпэщылъри ищIэтэкъым. Псори фIызыхэзэрыхьыжауэ, дунейм фIыгъуэ тету имыщIэжу, УрысеймкIэ и псэр къеIэ хъуащ. Урысыбзэр фIыуэ иджыну хуейуэ Урысейм 1992 гъэм къигъэзэжащ, апхуэдиз илъэс бжыгъэ дэкIауэ.

Урысей сурэтыщIхэм нэIуасэ яхуэхъуа нэужь, Жаклин езыми тхэн щIидзэн и гугъэу акварель, краскэ зыкъом къищэхуат. Ауэ урысей художникхэр зыхэт къулейсызыгъэмрэ нэмыплъымрэ къагъэуIэбжьат. Къэралыр сурэтыщIхэм хуеижтэкъым. Жаклин мурад ещI абыхэм я лэжьыгъэ нэхъыфI дыдэхэр къыхихыу, Инджылызым иригъашэурэ яхуищэну. А сурэтыщIхэм КIыщ Мухьэдини яхэтт.

Мухьэдин и сурэтхэр удзыпцIэм хэлът, игъэгъущу. Ахэр адрей художникхэм я IэдакъэщIэкIхэм зыкIи ещхьтэкъым. Жаклин ахэр игу ирихьати, нэхъ гъунэгъуу бгъэдыхьащ, еплъыну. А тIур иджыри зэрыцIыхутэкъым. Жаклин къыхиха сурэтхэр машинэм ирилъхьэну щигъэхьэзырым, кIапсэ хуэныкъуэти, Мухьэдин иIэу къыщIэкIри, иритащ. АбыкIэ иухащ я япэ зэIущIэр.

Илъэс дэкIауэ, 1993 гъэм, гъэмахуэм, Мухьэдинрэ Жаклинрэ аргуэру Переславль-Залесский щызэрихьэлIащ икIи нэхъ гъунэгъуу зэрыцIыхуащ.

Зэгуэр, псалъэм къыдэкIуэу, Жаклин къыхигъэщат сурэт щIыным зэрехъуапсэр, зыунэтIын иIамэ, тхэн зэрыщIидзэнур. Арати, Мухьэдин цIыхубзыр и лэжьапIэм иригъэблэгъащ, зыхуэныкъуэну псори хуигъэхьэзырыну къигъэгугъащ. Жаклин махуитхукIэ егупсысащ Мухьэдин деж кIуэнрэ мыкIуэнрэ. Сытми, етхуанэ махуэм сурэтыщIым деж еблэгъащ.

ТIури щыму лажьэрт, Мухьэдин Жаклин ищI сурэтым дихьэхауэ еплъырт. Инджылыз цIыхубзыр зыми ещхьтэкъым, удэзыхьэх гуэр хэлът. Езы Жаклини гу лъитат Мухьэдин уигу къызэринэжын щытыкIэ, хьэл дахэ зэриIэм. А махуэм тIуми ягу къэкIа гурыщIэ щэхур дунейм къытрамыгъыхьэу, зищIысри езыхэм нэсу къагурмыIуауэ зэбгъэдэкIыжащ.

1994 гъэм Жаклин сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэшхуэ къызэригъэпэщащ икIи Мухьэдин иригъэблэгъащ. Iуэхур щекIуэкIыр Инджылызрат. Абдежым Жаклинрэ Мухьэдинрэ нэхъыфIу щызэрыцIыхуащ, зэгуэкIуащ, я гурыщIи зэхуаIуэтащ. Ауэ визэм хуит къызэрищI зэманыр кIуасэри, КIыщым Урысейм къимыгъэзэжу хъуакъым.

КъекIуэкI-некIуэкIым псалъэкIэ къыпхуэмыIуэтэн гуэрхэр хэлът. Илъэс 45-рэ ирикъуа цIыхубз балигъым хъыджэбз цIыкIум хуэдэу лъагъуныгъэ ищIат. Пэжщ, Мухьэдин философием, Ницше теухуа псалъэмакъ къыбдиIыгъыфынутэкъым, ауэ абы и дуней еплъыкIэхэмрэ и гупсысэхэмрэ апхуэдизкIэ дахэт, купщIафIэт, хьэлэмэтти, удимыхьэхынкIэ Iэмал иIэтэкъым.

Псалъэм папщIэ, мазэгъуэ жэщым къалэ уэрамхэм къыщикIухьыну  Жаклин игу къыпылъэдамэ е жэщ ныкъуэм хым  зыщигъэпскIыну ехъуэпсамэ, Мухьэдин зэи «хьэуэ» жиIэртэкъым…

И насып кърихьэкIри, Мухьэдин визэ къыдихащ. Пащтыхь Гуащэ Елизаветэ ЕтIуанэм и сурэт ищIар IэщIэлъу Мухьэдин Инджылызым и посольствэ Москва щыIэм щыIухьам «хьэуэ» къыжраIэфакъым, апхуэдизкIэ къулыкъущIэхэм ягу дыхьат КIыщым ищIа сурэтри. Иджы ар Лондон илъэс ныкъуэкIэ щыIэну хуитт. Кърата зэманыр икIыу аргуэру Инджылызым тригъэзэжыну иужь щихьам, къыхуадакъым. Абы щыгъуэ Мухьэдин посольствэм адыгэ фащэкIэ хуэпауэ екIуэлIащ икIи щхьэгъусэ къишэну Инджылызым зэрыкIуэр яжриIащ. Хъыбар гуапэм и хьэтыркIэ иджыри зэ визэ къратащ абы. ХьэгъуэлIыгъуэр дахэу, IэфIу гум къинэжу зэхэтат.

Ар цIыху балигъытIым акъылкIи, гукIи, псэкIи къагурыIуэу, зэдэарэзыуэ яча лъэбакъуэт.

Зэщхьэгъусэхэр Испанием Iэпхъуа нэужь, Мухьэдин щIэрыщIэу къалъхужам хуэдэт. А къэралым и щIыуэпсымрэ цIыхухэмрэ апхуэдизкIэ и гум дыхьат сурэтыщIми, и псэр зылъыхъуа, и гур зыхуэныкъуа гуэр къигъуэтыжами ярейт. КIыщым къызэрилъытэмкIэ, испанхэр хьэлкIэ адыгэхэм хуабжьу къещхьти, а къэралым хуищIа лъагъуныгъэр нэхъри игъэбыдэрт.

ПцIыр сыткIэ щхьэпэ, Жаклин, абы и лъагъуныгъэмрэ гулъытэмрэ мыхъуатэмэ, КIыщ Мухьэдин  КIыщ Мухьэдин мыхъункIэ хъунут. Ар езы сурэтыщIми къыгуроIуэж фIы дыдэу. ИкIи, къызэрилъытэмкIэ, апхуэдэ щытыкIэм цIыхухъум и пщIэр зыкIи игъэлъахъшэркъым, игъэпудкъым. ЦIыхур цIыху щIыжщ. Дауэ мыхъуами, а тIур зэрыгъуэтыжащ. Аращ псом нэхърэ нэхъ лъапIэр. Апхуэдэу хъун хуейти хъуащ, ар я насыпти, къаIэрыхьэжащ.

 

 

 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: