Дыкъэзыухъуреихь дунейм хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэр (мэзкъуэдыхэмрэ мэзгъэфIэнхэмрэ) зэрыщыIэр IэмалыфIщ щIыуэпсыр зэрыщытам хуэдэу къызэтегъэнэнымкIэ.
ЦIыхуIэ зылъэмыIэса мэз дэгухэр хъумэнымкIэ федеральнэ IуэхущIапIэм и жэрдэмкIэ, 1997 гъэм ди къэралым япэу щагъэлъэпIащ Мэзкъуэдыхэмрэ лъэпкъ паркхэмрэ я махуэр.
Ар щIышылэм и 11-м щIытрагъэхуам щхьэусыгъуэ иIэщ. Къэдгъэлъагъуэмэ, Урысейм япэ дыдэу мэзкъуэды-мэзгъэфIэн къыщызэрагъэпэщар 1916 гъэм дыгъэгъазэм и 26-ращ (щIэмкIэ - 1917 гъэм щIышылэм и 11-рщ). Ар къыщыхъуар Бурятие щIыналъэрщ. Япэ дунейпсо зауэм и гуащIэгъуэу, Байкал хыжьейм къегъэщIылIа Баргузин шытхым къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ и джабэщIым щагъэбелджылащ хэхауэ яхъумэ щIыпIэ щхьэхуэ. Зыхуагъэпсауэ щыта къалэнри абы, ди гуапэ зэрыхъунщи, нобэр къыздэсми егъэзащIэ.
УФ-м щIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэу 100-м щIигъурэ лъэпкъ паркыу 35-рэ итщи, а псоми я Iыхьэ щанэр ЮНЕСКО-м и биосферэ хъумалъэу къалъытащ. Ауэ щыхъукIи, ахэр дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъугъуэфIыгъуалъэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщщ. Абыхэм язщ Адыгэ Республикэмрэ Краснодар краймрэ бгыщхьэхэмкIэ щаIэ я зэпылъыпIэм щызэрагъэуIуа Кавказ биосферэ мэзкъуэдыр.
Дэфтэрхэм къызэрыхэщыжу
Дызэрыщыгъуазэщи, тхыдэм и зы лъэхъэнэм къриубыдэу, цIыхумрэ щIыуэпсымрэ зэдэзыгъэгыза зэщымыщхъуныгъэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщу къыщIэкIащ Кавказым и къухьэпIэ лъэныкъуэр ижь-ижьыж лъандэрэ зи хэщIапIэу къекIуэкIа адыгэхэмрэ абазэхэмрэ зэхэзехуэ ящIу, я щIыналъэр зэрырагъэбгынамрэ бгылъэ-мэзылъэхэм куэду щIэса псэущхьэ телъыджэхэр, абыхэм домбейхэри яхэту, зэрызэтраукIамрэ.
«…Дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, урысыдзэхэм псом нэхъ ерыщу япэщIэтахэм ящыщщ Щхьэгуащэрэ Лабэрэ я зэхуаку дэлъ къуакIэ-бгыкIэхэр зи хэщIапIэу щыта абазэхэхэмрэ абыхэм къуэкIыпIэ-ипщэ лъэныкъуэмкIэ къабгъэдэса абазэ лъэпкъ зэхуэщхьэхуэхэмрэ. Ауэ щыхъукIи, Урыс-Кавказ зауэм и иужьрей илъэсхэм, 1862 - 1864 гъэхэм, зэрыпхъуакIуэхэм щIыпIэрысхэр къызэрымыкIуэу гугъу зэрырагъэхьам имызакъуэу, щIыуэпсми леишхуэ зэрырахам ущегупсысыжкIэ, а щIыналъэм къыщекIуэкIа хьэщхьэрыIуагъэр зыхуэдизыр уи нэгу къыщIэбгъэхьэжыну тыншкъым: «ЗэрыпхъуакIуэхэм къыздралъэфэжьа топыжьхэм я гъуагъуэ макъыр дэнэкIи къыщыIурэ, мэз Iувыжьхэм гъуэгущIэхэр щыпхашын папщIэ, илъэсищэ бжыгъэ зи ныбжь жыг абрагъуэхэр километр ныкъуэ зи бгъуагъ щIы кусэхэм щраупщIыкIыу, Iэгъуэблагъэм къыщхьэщыту къыхуеплъых бгыжьхэр зэрагъэхыщIар», - дыкъыщоджэ и тхыгъэхэм ящыщ зым тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Башкиров Алексей.
Домбейхэми я хэщIапIэт
ЩIэныгъэлI-зоологхэм, тхыдэр я тегъэщIапIэу, къызэрахутамкIэ, Адыгэ Республикэм щежэх Щхьэгуащэ и псыхъуащхьэхэр, псом хуэмыдэжу МэлкIапэ псы бгъунжым и тIуащIэ дэгужьыр домбейхэм я тIысыпIэт икIи, зэрыхуагъэфащэмкIэ, мы щIыпIэм абыхэм я бжыгъэр мини 2-м щынэблагъэрт.
Ауэрэ здекIуэкIым, адыгэхэр я хэкум зэрырахурэ илъэс 50 дэкIа иужькIэ, абдежым къыщызэтена домбей закъуэтIакъуэхэр хъумэн зэрыхуейм и телъхьэу Урысей къэралыгъуэжьым и тетхэр къэуват. Пэжщ, нэхъыбэу щIэгузавэри а псэущхьэ телъыджэхэр пщышхуэхэм зэштегъэупIэу кърагъэщэкIун папщIэт.
А Iуэхугъуэм щIыналъэм и бгылъэ-мэзылъэхэм щызеуэ урыс браконьерхэр апхуэдизу иризэгуэпати, домбейхэм ящыщу зрихьэлIэхэм укIыкIейр къыхуагъакIуэрт, я фэми ялми зэрыхуэныкъуэ щымыIэми, «ахэр дунейм темытыжмэ, властыр зи IэмыщIэ илъхэм сыт ящIэжын - хьэкIэкхъуэкIэхэм ящыщу мыдрей нэхъ зыхуэмыныкъуэхэр къыдагъэущэкIункъэ?!» - жаIэрти.
«Кубаным и щакIуэхэр» тхылъ Iувышхуэм ирагъэува сурэтхэу «зи щIыхьыр ин лIы гъуэзэджэхэм» зэрахьа «лIыгъэр» зыхуэдэр къызэрыщыжхэр щыплъагъукIэ, укъызэмыIыхьэн плъэкIыркъым: зэтраукIа хьэкIэкхъуэкIэхэр - къурш бжэнхэр, бланэхэр, щыхьхэр, домбейхэр - я лъабжьэ щIакIутэжарэ я лъапэхэмкIи теувэжахэу…
КъэIэпхъуахэм къагъэунэхуа ХъымыщкIей, Дахэ, Псыбей станицэхэм дэса щакIуэхэм иужькIэ къаIуэтэжащ я къуажэгъухэм ящыщу домбейхэр щысхьыншэу зэтезыукIауэ щытахэр хэт сымэми. Апхуэдэу, Дахэ станицэм щыпсэуа зым домбей 18-м я псэр игъэнащ, Псыбей дэса щакIуэ «гъуэзэджэми» «лIыгъэжьыр» зэрихьащ – абы домбей псэфу блым я щхьэр пиупщIащ.
Куэд дэмыкIыу къэхъея граждан зауэри зи гугъу тщIы псэущхьэхэм яхуэщэбакъым - браконьерхэми, мэзхэм зыщызыгъэпщкIуа щIэпхъаджащIэ гупхэми ахэр щысхьыншэу зэтраукIащ. Домбейхэм ящыщу къызэтенахэми мэз Iувыжьхэм нэхъ лъагэжу зыщIагъэпщкIуащ.
Граждан зауэм иужькIэ, 1924 гъэм, РСФСР-м и Совнаркомым и унафэкIэ къызэрагъэпэщауэ щытащ Кавказ биосферэ мэзкъуэдыр. АрщхьэкIэ, а лъэхъэнэхэм хуэзэу домбейхэр кIуэдыжыпэным нэсат икIи апхуэдэ Iуэху мыщхьэпэр куэд дэмыкIыуи къэхъуащ. 1927 гъэр - КъухьэпIэ Кавказыр зи щIыпIэгъэдахэу илъэсищэ бжыгъэкIэрэ къекIуэкIа домбей хъушэхэм ящыщу къэнэжа закъуэри щаукIыжа илъэсщ.
Къыхэгъэщыпхъэщ, зи гугъу тщIа мэзгъэфIэным и зоологхэм Кавказым домбейхэр щыгъэбэгъуэжыным хуэгъэзауэ лэжьыгъэфI куэд зэрырагъэкIуэкIри: Украинэм щыIэ Аскания-Нова мэзкъуэдым гибрид щIыкIэм тету къыщагъэхъуа зубробизон лIэужьыгъуэщIэмрэ зоопаркхэм телъыджэу къыщызэтена, лъы къабзэ зыщIэт зубрхэмрэ къытрагъэпщIыкIыжауэ, мы щIыпIэр зи хэщIапIэу щыта псэущхьэ телъыджэхэм зэ IуплъэгъуэкIэ емыщхьыщэми, домбей хъушэщIэхэм зыщрагъэужьыж.