Зочэнджэщ Кавказ Ищхъэрэм и хабзэубзыху IэнатIэхэр

Кавказ Ищхъэрэм и Парламент зэгухьэныгъэм и советым и зэIущIэ Псыхуабэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ.

ЗэIущIэм Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу къыщаIэтар Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ хэгъэгухэм я хабзэубзыху орган нэхъыщхьэхэр зэрызэдэлэжьэну щIыкIэрщ.
Ставропольем и Думэм и УнафэщI Великдань Николай жиIащ 2011 гъэм къыщыщIэдзауэ Кавказ Ищхъэрэм и Парламент зэгухьэныгъэр КИФЩI-м и щIыналъэхэм мыхьэнэшхуэ зиIэ я хабзэ жэрдэм куэдым зэрыхэплъар. Абыхэм яхэтщ Кавказым щхьэкIэ екIуэкIа зэхэуэ гуащIэр Урысейм и дзэ щIыхьым и махуэгъэпсым хагъэхьэ-ным теухуа законопроектыр. Ставропольем и депутатхэм къыхалъхьа а Iуэхур Парламент зэгу­хьэныгъэм диIыгъащ, иужькIэ Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм къыщащтащ. КИФЩI-м и щIыналъэ ­зыбжанэм къызэдащтащ Ставропольем къыхилъхьа нэгъуэщI зы жэрдэми - зыгъэпсэху­пIэхэр къызэрагъэсэбэпым хуагъэув уасэр къыхэ­хыныр 2024 гъэм и кIэ пщIондэ ирагъэкIуэкIыным теухуар.
Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэм я хабзэубзыху IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм къыхагъэщащ округым щыпсэу псори нэхъ зытегузэвыхь Iуэхухэм я хэкIыпIэхэр къагъуэтын папщIэ, ахэр зэдэлэжьэн зэрыхуейр.
ЗэIущIэм хэтахэм жаIащ дзэ къулыкъум пэрытхэм защIэгъэкъуэныр мы зэманым къалэн нэ­хъыщ­хьэ дыдэу яIэхэм зэращыщыр, Украинэм щекIуэкI Iуэхухэм хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэм-рэ ядэIэпыкъун зэрыхуейр. Апхуэдэу гулъытэ зы­хуэ­щIыпхъэхэм ящыщу къагъэлъэгъуащ са­бий­хэм­рэ щIалэгъуалэмрэ хэкупсэу къэгъэхъуныр, социальнэ Iуэхухэмрэ экономикэмрэ егъэфIэ-кIуэн зэрыхуейр. 
Парламентхэр зэлэжь нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм ящыщу увыпIэ хэха зиIэр федеральнэ законодательствэм игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм тету, щIыналъэхэми я хабзэхэр зэрырагъэфIэкIуапхъэрщ, хэхакIуэхэм депутатхэм зэрызыхуагъазэхэм елэ­жьынырщ. 
Кавказ Ищхъэрэм и Парламент зэгухьэныгъэм и советым къыкIэ­лъы­кIуэ и конференцыр Шэшэн Республикэм щрагъэ­кIуэ­кIыну зэIущIэм къыщыхалъхьащ. 
КъищынэмыщIауэ, Ставрополь щIыналъэм и Думэмрэ Шэшэн Республикэм и Парламентымрэ зэрызэдэлэжьэну дэфтэрым Iэ щIадзащ. 
ЗэIущIэм хэтахэм зыщагъэгъуэзащ щIэныгъэ гуэдзэн щрат, щIалэгъуалэр жыджэру, хэкупсэу щагъасэ «Мэшыкъуэ» къэрал IуэхущIапIэм и лэ­жьы­гъэм.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Парламент зэгухьэ-ныгъэм и мурадхэр зыхуэгъэзар Урысей Федерацэм и къэрал политикэр КИФЩI-м щыгъэзэ­щIэнымкIэ щIэгъэкъуэн яхуэхъунырщ, экономикэ, щэнхабзэ зэхущытыкIэхэр нэхъ быдэ щIы­нырщ, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэухэм я хуи­ты­ныгъэхэр къызэгъэпэщынырщ.

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: