Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщIидзащ «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ папщIэ» профилактикэ Iуэхум и япэ Iыхьэм.
КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ папщIэ» акцэр къызэгъэпэщыныр зи пщэ дэлъ штабым и зэIущIэ.
МВД-р зи къызэгъэпэщакIуэ а Iуэхур мы гъэм IыхьитIу гуэшауэ екIуэкIынущ: щIышылэм и 19-м къыщыщIэдзауэ накъыгъэм и 15-м, фокIадэм и 1-м щегъэжьауэ дыгъэгъазэм и 15 пIалъэхэм къриубыдэу. Апхуэдэуи акцэм хэтщ Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ, СпортымкIэ, ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэхэр.
Акцэр зыхуэгъэпсар - наркоманиемрэ хьэл-щэн мыхъумыщIэхэмрэ земыгъэубгъуным адэ-анэхэр, егъэджакIуэхэмрэ жылагъуэмрэ къыхэшэнырщ, апхуэдэуи наркотикым демыгъэхьэхыным, балигъ мыхъуахэмрэ щIалэгъуалэмрэ узыншэу псэуным и хабзэхэр яхэпщэным хуэунэтIа лэжьыгъэр зэтеублэнырщ.
«Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ папщIэ» Iуэхум хиубыдэ лэжьыгъэ нэхъыщхьэр къыщызэрагъэпэщынущ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэмрэ сабий унэхэмрэ, наркотикым пэщIэт профилактикэ Iуэхухэр щрагъэкIуэкIхэм. Абы щыгъуи къагъэсэбэпынущ профилактикэ лэжьыгъэм и бгъэдыхьэкIэ зэмылIэжьыгъуэхэр: лекцэхэр, семинархэр, форумхэр, стIол хъурейхэр, узыншагъэм теухуа дерсхэр, класс сыхьэтхэр, «профилактикэ махуэхэр», блиц-джэгукIэхэр, тренингхэр, анкетированиехэр, зэпеуэ-зэдауэхэр, кино-видео лекцэхэр, мультимедийнэ презентацэхэр, викторинэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, нэгъуэщIхэри.
Iуэхум хиубыдэу къапщытэнущ сату щащIхэмрэ аптекэхэмрэ, апхуэдэуи балигъ мыхъуахэмрэ щIалэгъуалэмрэ куэду щызэхуэс щIыпIэхэр, республикэм и нэгузегъэужьыпIэ IуэхущIапIэхэр, абыхэм хуит ямыщI хущхъуэхэкIхэр щащэмэ, наркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ зэзыхьэлIэ сабийхэр къыщIагъэщын мурадкIэ.
КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм фигу къегъэкIыж: наркотикхэр хабзэншагъэкIэ зэрырагъэкIым (ахэр щащэ щIыпIэхэм; а Iуэхум пыщIахэм; наркотик хъыбархэр щызэIэпах интернет сайтхэм) фыщыгъуазэмэ, полицэм фыпсалъэ хъунущ 02 е 102 телефонхэмкIэ, апхуэдэуи КъБР-м щыIэ МВД-м и плъыр частым - (8662) 40-49-10 е дзыхь зрагъэз телефонымкIэ - (8662) 49-50-62.