Аптекэхэр къыщыунэхуар

 

Гигее и дамыгъэр

Аптекэ (apotheka) псалъэр алыджыбзэм къыхэкIащ, «хъумапIэ» жиIэу къокI. А мыхьэнэр иIэущ пасэм къызэрагъэсэбэпу щытар. Сыт щахъумэми емылъытауэ, хъумапIэт аптекэр. Ауэрэ «хущхъуэхэм я хъумапIэ» мыхьэнэм хуэкIуащ. Пасэрей Алыджым къикIащ аптекэм и дамыгъэри – блэр зэшэкIа Iэгубжьэр. Пасэм узыншагъэм и гуащэу ялъытэу щыта, медицинэм и тхьэмадэ Асклепие ипхъу Гигее блэм щIыгъуу къагъэлъагъуэрт. А блэр абы Iэгубжьэм иригъэшхыкIырт.

Япэу «аптекэ» псалъэм хущхъуэ щахъумэ мыхьэнэр иIэу ущрохьэлIэ Гиппократ и тхыгъэхэм (ди эрэм ипэкIэ илъэс 400-кIэ уIэбэжмэ). ЛIэщIыгъуитI докIри, пасэрей урым дохутыр Гален Клавдий (129-216) аптекэр къыхегъэщ хущхъуэ щызэхалъхьэ щIыпIэу. Курыт лIэщIыгъуэхэм псэуа къэжэр щIэныгъэлI, философ, дохутыр Iэзэ Авиценнэ къэкIыгъэхэм, псэущхьэхэм я щэм, минералхэм къахэщIыкIа хущхъуэ лIэужьыгъуэу 785-рэ ищIэрт. Хущхъуэ лIэужьыгъуэхэр езы дохутырхэм зэхалъхьэрт я гъэсэнхэр зыдагъэIэпыкъуурэ.

XI лIэщIыгъуэм къулъшырыфхэм (монастырь) я дыхьэпIэхэм деж аптекэхэр къыщызэIуахыу къаублащ. ИкIи абы щIэлъ хущхъуэхэр хуэныкъуэхэм пщIэншэу хуагуэшырт. Хущхъуэхэр зэхэзылъхьэхэри дохутырхэртэкъым, атIэ щихъхэрт. Нэхъ иужьыIуэкIэ Италием и къалэшхуэхэм хущхъуэ щапIэхэр къыщызэIуах хъуащ. XII лIэщIыгъуэм къэунэхуащ аптекэтет IэщIагъэр. 1224 гъэм Сицилием и пащтыхь Гогенштауфен Фридрих II унафэ къыдигъэкIащ дохутырхэмрэ аптекэтетхэмрэ я къалэнхэр зэхэгъэщхьэхукIын хуейуэ. Иджы дохутырхэм хущхъуэ зэхалъхьэну хуиттэкъым, аптекэтетхэри сымаджэхэм еIэзэжыртэкъым нэхъапэм хуэдэу.

Инджылызым къикIащ

Урысейм и аптекэхэр Лондон щыIахэм къатехъукIащ Грозный Иван и пащтыхьыгъуэм. Нэхъапэхэм дохутырхэр чылисэхэрат щыIэзэр - апхуэдэу яубзыхуат Мономах Владимир и тетыгъуэ лъандэрэ. 1557 гъэм Москва къэкIуащ инджылыз лIыкIуэ Дженкинсон Энтони. Абы щIыгъут дохутыр Стендиш Ральф. Апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэм кърикIуащ урыс аптекэхэр къэунэхуныр. 1581 гъэм Москва Кремлым и пщIантIэм пащтыхь унагъуэм папщIэ къыщызэIуахащ япэ урыс аптекэр. Абы щыIэзэрт инджылыз дохутыр Френч Джемс. 1672 гъэм Романов Алексей и унафэкIэ цIыхубэм папщIэ япэ урыс аптекэ къызэIуахащ. А зэманым ирихьэлIэу хущхъуэ къызыхащIыкI къэкIыгъэ лIэужьыгъуэхэр къыщыкI хадэхэри хасэн щIадзащ. Москва Кремлым и гъунэгъуу, Мясницкэ уэрамым, Немецкэ слободам щыIэт апхуэдэ хадэхэр. Аптекэхэр нэгъуэщI къалэхэми дащIыхь хъуащ нэхъ иужьыIуэкIэ. Хущхъуапхъэ къэкIыгъэхэм я хадэшхуэ щыхасащ Санкт - Петербурги.

Пасэм аптекэхэм къыщащэхуу щытащ тхылъымпIэпсым кIуэцIылъ е кумбыгъэ цIыкIум иракIута порошок щIыкIэу е ткIуаткIуэу зэхэлъ хущхъуэхэр. Аптекэтетхэм абыхэм езыхэм тратхэжырт я фIэщыгъэмрэ къызэрысэбэпынумрэ, и пIалъэр зыхуэдизыр. Апхуэдэ хущхъуэхэр формацефтхэм езыхэм зэхалъхьэжырт кърата рецептым тету. 2010 гъэм урыс аптекэхэм апхуэдэ IэмалкIэ зэхалъхьа хущхъуэхэр ящэныр къагъэувыIащ. Аптекэхэм рецепткIэ хущхъуэ щызэхалъхьэ къудамэхэр щызэхуащIыж хъуащ.

2023 гъэм и фокIадэм къару игъуэтынущ «Хущхъуэхэр къэгъэсэбэпыным» теухуа законым халъхьа и зэхъуэкIыныгъэ щхьэхуэхэм. Псалъэм папщIэ, аптекэхэм къыщызэIуахынущ рецепткIэ лажьэ къудамэхэр. Дохутырым цIыху хуитха хущхъуэхэр хузэхалъхьэ хъужыну аращ абы къикIыр.

 

 

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:

Читать также: