Къэзанокъуэм и тхыдэрАдыгэ лъэпкъым и цIыху щэджащэ Къэзанокъуэ Жэбагъы (1665 -1750) Кавказ псом щыцIэрыIуэщ. Абы и шыфэлIыфэр («Сказания о Жабаги Казаноко» лэжьыгъэм щыгъуазэ дыщохъу) лъэпкъ куэдым я IуэрыIуатэм хыхьащ, лIыхъужьыгъэм, захуагъэм я нэщэнэу. Ар къызыхэкIа унагъуэм и хъыбар ди деж къэсакъым, ауэ езыр дунейм тетыху зыхущIэкъуар Къэбэрдейм и Iуэху зэрыдэкIынырщ, хабзэмрэ захуагъэмрэ я лъабжьэр гъэбыдэнырщ, цIыхум я псэукIэр егъэфIэкIуэнырщ. Хъыбархэм къызэрыхэщыжымкIэ, Къэзэнокъуэ Жэбагъы зи псалъэм пщIэ иIэ, зи акъылыр жыжьэ нэплъыс, захуагъэм тет цIыху губзыгъэщ, къэрал лэжьакIуэщ, хэкумрэ къэбэрдей лъэпкъымрэ фIыгъуэ зэрахуилэжьыныр къалэн зыщищIыжауэ апхуэдэт. А къалэныр хузэфIэмыкIатэмэ, Къэзэнокъуэ Жэбагъы и цIэмрэ и хъыбархэмрэ ди зэманым къэсыну къыщIэкIынтэкъым. Дызэрыщыгъуазэщи, Къэзанокъуэ Жэбагъы дунейм ехыжа нэужь, нэгъуэщI лъэпкъхэм ар я лIыхъужьу жаIэу хуежьащ. Балъкъэрхэм я зы хъыбарым къыхощ Шэджэм, Бахъсэн аузхэм а лIы Iущыр къыщалъхуауэ нэхъ зэрыхуагъэфащэр. Къэбэрдейм и къуажэ зыбжанэм - Зеикъуэ, Аушыджэр, Кэнжэ - дэсхэми щхьэж я жылэ ар къыдэкIауэ жаIэ, арщхьэкIэ нэхъ пэжу къэплъытэ хъунур Зеикъуэр къэмыунэху щIыкIэ а щIыпIэм деж щысахэм къахэкIауэщ. ИпэжыпIэкIэ иджыри къыздэсым мыубзыхуауэ щытащ ар щыщIалъхьэжа щIыпIэри. ЦIыхухэр а Iуэхум хуэгъэфэщауэ тепсэлъыхьа мыхъумэ, щIэныгъэр щыхьэт зытехъуэн гуэри щыIакъым. Лъахэхутэ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ ар гъэщIэгъуэн ящыхъури, Къэзанокъуэ Жэбагъы и кхъащхьэр къахутэным иужь ихьауэ щытащ. Ахэр куэдым яIущIащ, епсэлъащ, архив тхыгъэхэм хэплъэжащ, тхыдэр щIаджыкIыжри, Зеикъуэ и пщэкIэ «Къэзанокъуей кумб»-кIэ еджэу щIыпIэ зэрыщыIэр къахутащ. А бгы лъапэм деж абы и унэ цIыкIури щытащ, щыщIалъхьэжари абдежщ. Жэбагъы и фэеплъыр зыхъума куэд, къызэрыщIэкIамкIэ, а щIыпIэм екIуалIэу щытащ. Жэбагъы цIыхур зэгуригъаIуэу, къызыхэкIа лъэпкъым и къэкIуэнум хуэсакъыу, жылагъуэ лэжьакIуэшхуэу зэрыпсэуам шэч хэлъкъым. Зеикъуэ щыщ щIалэ зыбжанэм мурад ящIри, Къэзанокъуэ Жэбагъырэ и щхьэгъусэмрэ (ари абдеж щIэлъщ) фэеплъ сынитI хурагъэщIауэ зэрыщытами дытетхыхьат. Фэеплъ сынхэр щагъэувым щыгъуэ мащэхэр къэзытIыну гупыж зыщIар куэд хъурт. Котляров Виктор зэрыжиIэжамкIэ, кумбхэр къыщратхъум цIыху къупщхьэхэр къыщIэхуат. Хэт ахэр зейр?! - ПщIэнукъым, Къэзанокъуэ Жэбагъы еинкIи хъунущ. Ауэ абы и жэуапыр къыдэзытыфынкIэ хъунур экспертизэм и закъуэщ. ГъащIэр хьэлэмэту зэхэлъщ, Къэзанокъуэ Жэбагъы къытехъукIахэм ящыщ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Адыгеймрэ щыIэщ. Ди республикэм зэгуэр икIыу а лIакъуэм щыщхэм Хьэбэз районым къыщызэрагъэпэщауэ щыта Зеикъуэ жылэм нобэ щопсэу Къэзанокъуэ унэцIэр зезыхьэ цIыху 500-м хуэдиз. Къэбэрдей-Балъкъэрым, ди жагъуэ зэрыхъунщи, Къэзанокъуэхэ исыжкъым. Къэзэнокъуэ Жэбагъы къызэринэкIа псалъэ Iущхэр адыгэ псалъэжьхэм хэзэрыхьыжауэ къогъуэгурыкIуэ. Абыхэм ящыщщ: «Губзыгъэм и лъапсэр чэнджэщщ», «Бзаджэр пэшэгъу фымыщI, мыгъуэ фыхъунщ», «Бжьыхьэр къулейщ», «ГъащIэр зы напIэщ, напэ уимыIэу улIэжмэ, улIэпащ», «Iэщэ зыгъэдалъэм илъ япэ мажэ», нэгъуэщIхэри. Хъыбару мыр щыIэщ: Жэбагъы деж зэрыхьат зэныбжьэгъу гуп: «ФынакIуэ, щхьэж игу къихьамкIэ деупщIынщ абы», - жаIэри. Жэбагъы ахэр хабзэм тету иригъэблэгъащ, тIэкIу ефа-ешха нэужь, къеупщIу щIадзащ. - Сыт хабзэ? - Къэбублэ хабзэщ, - жиIащ Жэбагъы. - Хэт лъэпкъ? - ЛIыр лъэпкъщ. - ЗэблагъитI дауэ зэхущытын хуей? - Дахэу. Дахэм къимыхь Iейм къихьыркъым. - Уи фыз дауэ ухущытын хуей? - ЛIыхъур фыз дэубзэщи, лIыбзыр фыз дэуейщ! - Дунейм сыт нэхъ лъапIэ? - ЦIыху! Жэбагъы къита жэуапхэмкIэ псори арэзы хъуауэ дэкIыжат.
Поделиться:
Читать также:
26.04.2024 - 17:06 →
Тызылыкъуэр пэщIэдзэт
22.04.2024 - 16:16 →
Зы мащэм цIыху 233-рэ
22.04.2024 - 14:55 →
АдыгэлIым и цIэмрэ и картэмрэ
19.04.2024 - 16:34 →
Нартхэм я ныбжьыр
17.04.2024 - 12:43 →
Шуудзэ хъыжьэм и тхыдэ напэкIуэцI
|