ЛIыжь губзыгъэ

ТхакIуэм и гукъэкIыжхэр

Сабийхэм папщIэ

Ди хьэблэ лIыжь хъарзынэ дэсащ, динри ищIэрэ щIэныгъи бгъэдэлъу. Мыр къэзгупсыса хуэдэу къыфщымыхъун папщIэ, нэхъ гъунэгъуу фэзгъэцIыхунщ а лIыжьыр. Адыгэ генерал Нэхущ Борисрэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ, академик Нэхущ Iэдэмрэ я адэ Нэхущ Мэремт ар.

Зи псэукIэкIи дуней тетыкIэкIи Зеикъуэм щапхъэу щагъэлъагъуэхэм ящыщт Мэрем и унагъуэр. Абыхэмрэ дэрэ дызыхьэблэт, дызэгъунэгъут, Мэрем нэхъыжьыгъуэр ейуэ, си адэмрэ абырэ зэныбжьэгъут.

Мэрем къуэ нэхъыжь иIащ, Iэбу и цIэу. Ар зауэм хэкIуэдащ. Къуажэм щыщу япэ щIэныгъэ зыгъуэтахэм ящыщт ар. Сэ абы зауэм ипэкIэ школым адыгэбзэ сыщригъэджат. ИужькIэ, сэри егъэджакIуэ сыхъуауэ, 1952 - 1954 гъэхэм Мэрем и къуэ нэхъыщIэ Iэдэм адыгэбзэкIэ Зеикъуэ курыт школым щезгъэджащ. АтIэ, иджы зи хъыбар къезгъэжьа Мэрем сыщыцIыкIум дэслъэгъуар фхуэсIуэтэжынщ. Ар къыщыхъуари нэмыцэхэр къуажэм щыдахужа 1943 гъэм и гъэмахуэрщ, сэ илъэс 14 ныбжьым ситу.

Мэремхэ я кхъужь пасэр хъуа иужь, абы и мэ IэфIым зэрыхьэблэу я гурыIупсыр къигъажэрт. Кхъужьей хадэр бжьэм я зэблэкIыпIэт, щIалэ цIыкIухэми ди хъуэпсапIэт. Ауэ, дехъуапсэ щхьэкIэ, абы ихьэфын къытхэкIыртэкъым. Я хьэ гъэса тхьэкIумэ дзасэм Iэмал хуэдгъуэтыртэкъым: щрапхымрэ къыщаутIыпщымрэ къытхуэщIэртэкъым. Мэремхэ я пщIантIэшхуэм псыкъуий хьэлэмэт дэтти, цIыхур щызэблэкIырт. КхъужьIэрысэ тIыгъуэжари зыми паубыдыртэкъым. Ауэ щIалэ цIыкIухэм къэдыгъуар нэхъ тфIэIэфIт.

Арати, ди хьэрэмолэ джэгум иужькIэ, жэщыбгым Мэремхэ я жыг хадэм диуэну мурад тщIащ. ХадапхэмкIэ дыкъекIуэкIауэ дыщхьэдоплъых. Мазэгъуэ нэхущи, жыг щхьэкIэр къришэхыу пыт кхъужь тхъуэплъхэр долъагъу. ЩIалэ цIыкIуиплI дыхъурти, дызыпытIысхьэну жыг зырызыр къыхыдохри, дожьэ. Япэ итыныр сэ къыслъагъэсати, моуэ хадэм сихьа къудейуэ хьэр къэбэнащ. Си ужь итхэр занщIэу щIыбкIэ еIэжащ. СодаIуэ. Зыри щыIэкъым. Хьэ банэр хадэм къыщимыхьакIэ епхауэ къыщIэкIынщ е дыкъыфIэIуэху хъункъым жызоIэри, жыгым сыдопщей. Ауэ си гъусахэр накIуэркъым. Мо кхъужь тIыгъуар си гуфIакIэм дэз къэсщIри сыкъехыжыну зызгъэхьэзыра къудейуэ, хьэ гъэсар банэу къэсащ. Си щIагъым ныщIэуващи, зелIэж, ешыркъым. Хадэбгъум къыщыспэплъэхэм ягу къэкIыркъым зы мывэ къащтэу хьэр Iуагъэщтыну. КъэкIми, шынэри заущэхуащ. Арати, нэхъ сыщIэгузавэ дыдэр къэхъуащ. Хьэ банэ макъым къигъэтэджыжри, Мэрем хадэм нихьащ. ШыгъукIэ узэдауэ фоч яIэу ягъэхъыбарырти, арат си щхьэфэцыр зыIэтыр. Хьэм зелIэж. Сэ сыкъоплъых. Мэрем ныдоплъей. ЛIыжьым фоч иIыгъкъыми, си гур тIэкIу согъэфI. Ауэ бжэгъу кIэмщхьэмыжьыфI IэщIэлъщ. Быдэу сыкъызэпиплъыхьщ-сыкъызэпиплъыхьри, «НакIуэ, хьэжь, сыкъэбгъэпцIащ. Ди хьэблэ щIалэ цIыкIухэр сэ дауэ къызэдыгъуэжын, кхъужь яшхынумэ, сэ ястыркъэ, махуэу пщIантIэм ныдрехьэхэ», - жиIэурэ, хьэр зыдришыжри, хадэм икIыжащ, сэри хуит сыхъужащ. Абы иужькIэ Мэрем деж кхъужь дыгъуэ дыкIуэжакъым.

КъыкIэлъыкIуэ гъэм и гъатхэм Мэрем бригадир ящIауэ вакIуэ дыщыIэу къызжиIэжауэ щытащ а жыгым сыщытесым сыкъызэрилъэгъуари сыкъызэрицIыхуари. СимыгъэукIытэн щхьэкIэ, симылъэгъуа нэпцI зищIауэ арат. ЕсщIа делагъэм и жэуапу Мэрем къызищIэжа губзыгъагъэр си гъащIэ псокIэ дерс схуэхъуащ. Мэрем дунейм зэрехыжрэ куэд щIащ, ауэ мыр нобэми IэфIу сигу илъти, къэсIуэтэжащ, фэри дерс къыхэфхмэ нэхъ къасщтэу, цIыкIухэ.

КЪЭРМОКЪУЭ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: