Зэманым и джэрпэджэж

Тамань, мэуэтхэм (пасэрей адыгэхэм) я щIыналъэм, археологхэм къыщатIа Iуащхьэхэм ящыщ зым къыщIэкIыгъащ кхъуэщын хьэлэмэт гуэр. Кхъуэщын куэд къыщIокI пасэрей Iуащхьэжьхэм – ахэр нэгъуэщI хьэпшыпхэм (псалъэм папщIэ, Iэщэ-фащэхэм) щIагъуурэ хьэдэм дыщIалъхьэу щытащ. Тамань къыщагъуэта кхъуэщынри дыщIалъхьэгъащ дунейм ехыжа гуэрым – абы бгъэщIэгъуэн хэлъкъым: апхуэдэ Iэджэ къыщIахыжащ щIы щIагъым. ГъэщIэгъуэныр зи гугъу тщIы кхъуэщыным тет сурэтырщ – абыкIэ ар къыщхьэщокI адыгэ щIыналъэм иджыри къэс къыщагъуэта пасэрей кхъуэщынхэм. 
Кхъуэщыным и щIыфэм тет сурэтым щыболъагъу... пасэрей щакIуэхэр: цIыхуиплIым мэзым щыхь къыщIахуащ, щакIуэхэм бжы кIыхь зырыз яIыгъщ, абыхэм мэзым къыщIахуа щыхьхэм (ахэр тIу мэхъу) зылI япэувауэ шабзэкIэ яхоуэ; щакIуэхэм хьитI ящIыгъущ, бгъащхъуэ ящхьэщытщ. 
Дигу къэдгъэкIыжынщ Бэдынокъуэ и пшыналъэр: нартхэ я санэхуафэм щыкIуэкIэ Бэдынокъуэ хьэ самыр зыщIегъу, и щхьэщыгум бгъащхъуэ итщ (ари гъэсащ), бжыщхьэ дыкъуакъуэщ, шабзэкIэ зэщIэузэдащ. Гъуэгу щытехьэкIэ аращ нартым и хабзэр: бгъащхъуэрэ хьэ самыррэ щIыгъущ. Аращ пасэрей щакIуэми и хабзэр: мэзым щIыхьэн, губгъуэм ихьэн хъумэ (щэкIуэн щхьэкIэ), абы и дамащхьэм бгъащхъуэ трегъэтIысхьэ, щакIуэхьэ зыщIегъу. Зи гугъу тщIы кхъуэщыным и щIыфэм тет сурэтым щынэрылъагъущ ар: щакIуэ ежьа нартхэм я хъыбар къыпхуиIуатэ хуэдэщ сурэтым. Кхъуэщыным, зэрагъэбелджыламкIэ, илъэс минитI и ныбжьщ, ар мэуэтхэм - пасэрей адыгэхэм зэраIэдакъэщIэкIым шэч къытрахьэркъым. 
*   *   *
  ХьэщIагъэ хабзэр имыкъутэн, и лъэпкъыр имыгъэукIытэн щхьэкIэ, езым и псэр хилъхьэн къызэфIэнэнутэкъым адыгэр, апхуэдэу щыхъури мащIэтэкъым. 
  Хъан-Джэрий хъыбарыжь гуэр итхыжыгъащ, Антэнокъуэрэ КъамболэткIэ зэджэ пщы зэшитIым ятеухуауэ. Я адэр лIа нэужь, зэшитIыр зэщыIеижащ, пщыгъуэр зэпаубыдри. ЗэрыукIыным щынэсым, шынэхъыжьым, Антэнокъуэ, Бжьэдыгъум кIуэри, хьэщIэ захуищIащ. Я хьэщIэм къыщыжын хуейти, бжьэдыгъухэр Антэнокъуэм къыкъуэуващ. Антэнокъуэм бжьэдыгъу шухэр гъусэ ищIри Жанейм игъэзэжащ, пщыгъуэр шынэхъыщIэм къытрихыжыну. Антэнокъуэм гъусэ къыхуэхъуа бжьэдыгъу шухэмрэ Къамболэтым и унафэм къыщIэна жанейхэмрэ зыбжанэрэ зэзэуащ – зэрытегъэкIуакъым. Я цIыху хэкIуадэурэ зауэр къащытехьэлъэм, бжьэдыгъухэм хасэ зэхуашэсри унафэ ящIащ: «Ди хьэщIэм дыхуэзауэурэ, ди цIыхур къыдогъэукI, ди хьэщIэр тхрекIыжи, лъэпкъитIыр дызэкIужынщ», - жари. Антэнокъуэр хьэщIэщым щIэсти, лIыжь жьакIуэ гуэр хагъэзыхьри ягъэкIуащ я хьэщIэм деж. ХьэщIэщым ихьэри, гузэвэгъуэм хэт пщым мыр жриIащ лIыжьым: «Бжьэдыгъухэм сыкъагъэкIуащ лъы ткIуэпс къащIэмынэжыху къызэрыбдэзэуэнур бжызагъэIэну». «Бжьэдыгъухэм тхьэразэ къыфхухъу, сыкъэвгъэщIэхъуакъыми, щысщыгъупщэн къэхъункъым», - жиIащ зигу къихьэжа пщым.
ЛIыжьымрэ пщымрэ хьэщIэщым къикIри хасэм къахыхьащ. Пщым фIыщIэ яхуищIащ хасэм. Бжьэдыгъухэм зыри къагурыIуакъым. «Сыт къыдэпщIэр?» - жари лIыжьым щыхьащ. «Насыпыншэхэ, - къегиящ лIыжьыр и лъэпкъэгъухэм, - фыадыгэкъэ фэ, адыгэм фыкъилъхуакъэ? АфIэкIа утхуэхъумэжынукъым, тхэкIыж жысIэу хьэщIэм дауэт сызэрещынур? Фыкъызэуи, сывукI, сэ хабзэкъутэ сыфхуэхъункъым». ЛIыжь Iущым и псалъэм зыщIигъэгупсысыжащ бжьэдыгъухэр, я хьэщIэм дэшэсыжри, абы Жанейм пщыгъуэр щиубыдыжыху епсыхакъым. 
Къартул Хьисэ.
Поделиться: