Пщэдей Металлургым и махуэщ

ГъущI гъэткIухэм я махуэ зыфIащар гъэлъэпIэн щыщIадзар Хрущёв Никитэ ди къэралым и Iэтащхьэу щыщытарщ. Ар щытета илъэсхэм ящыщу 1957 гъэм, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ, Металлургым и махуэр хагъэунэхукIат.

Къызыхахари гурыIуэгъуэт. Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм ди къэралым и экономикэм хэщIыныгъэ ин игъуэтат. Ар зэтегъэувэжынымрэ зэрыщытам нэхърэ нэхъ лъэщыжу зыкъегъэIэтынымкIэ металлургие промышленностым и мыхьэнэр зэрыин дыдэр къалъытэри, зэрыхаIэтыкI махуи а унэтIыныгъэм хухахат.

Совет Союзыр лъэлъэжа иужькIи, Металлургым и махуэр ди къэралым гъэлъэпIэн щыщагъэтакъым. ИкIи, къызэрырахьэжьэрэ 66-нэу, мы гъэми СНГ-м хыхьэ къэралхэм ящыщу гулъытэ хэха абы щыхуащI УФ-м, Беларусым, Къэзахъстаным.

Металлургым и махуэр зэдаIэт гъущI лIэужьыгъуэхэм елэжь IэщIагъэлIхэми, къырылъэ щIыпIэхэм пцIий къыщIэзых шахтёрхэми, нэгъуэщIхэми.

Ди гуапэ зэрыхъунщи, металлургие промышленностым телажьэ IуэхущIапIэхэр дызэрыт лъэхъэнэми ди къэралым щымащIэкъым. Ахэр щыIэщ Челябинск, Магнитогорск, Старый Оскол, Липецк, Череповец хуэдэ къалэшхуэхэм, нэгъуэщIхэми.

Металлургием мыхьэнэ ин щрат щIыналъэхэм а махуэм гуфIэгъуэ Iуэхухэр куэду щокIуэкI: унэтIыныгъэм щаIэ ехъулIэныгъэхэр щагъэнэрылъагъу зэхыхьэхэр, спорт зэхьэзэхуэхэр, зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрагъэпэщ, IэнатIэм телажьэ заводышхуэхэм зыщрагъэплъыхь, «мастер-класс» зыфIаща дерсхэм щыщIагъэдэIу, IуэхущIапIэхэм IэмэпсымэщIэхэр щагъэув, гъуазджэм хуэIэзэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъагъуэ.

Металлургым и махуэр гъэмахуэкум зэрырагъэхьэлIам и фIыгъэкIэ, гуфIэгъуэ Iуэхугъуэхэм я нэхъыбэр пщIантIэхэм, уэрамхэм, уеблэмэ щIыуэпсым нэхъ пэгъунэгъу утыку зэлъыIуха нэхъ инхэм щызэхашэ. Ауэ щыхъукIи, а Iуэхугъуэхэри ящыщщ махуэщIым хэтыну хуейхэм я бжыгъэр нэхъыбэж зыщIым.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: