Къэбэрдейм и экономикэр епщыкIуиянэ лIэщIыгъуэм

Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, дызытетхыхьыну мурад тщIа лъэхъэнэм Къэбэрдейр щIыналъитIу гуэшауэ щытащ - Къэбэрдеишхуэрэ Къэбэрдей ЦIыкIурэ. Нэхъ иным исхэм и нэхъыбапIэр Бахъсэн псыIуфэм Iусащ, нэхъ цIыкIум щыпсэуахэм Тэрчыпсым и ижьрабгъу Iуфэр я щIыналъэу щытащ. Зэбгъапщэмэ, Къэбэрдей ЦIыкIум иIыгъа щIыр, тхыдэтххэм я лэжьыгъэхэм къызэрыхэщыжымкIэ, плIыкIэ - тхукIэ нэхъ мэщIащ Къэбэрдеишхуэм нэхърэ. А зэманым, 1744 гъэм, щIым и щытыкIэр зыдж щIэныгъэлI Чичаговым къызэригъэлъэгъуамкIэ, жылагъуэ бжыгъэу Тэрч Iуфэ Iусахэр 15, Бахъсэныпс лъэныкъуэкIэ, Псыхуабэ щIыналъэм нэблагъэху щыпсэуахэр 33-рэ хъууэ щытащ. КъэхутакIуэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, абы щыгъуэ Къэбэрдейм къалэ щыIакъым. Бийм хэкур щызыхъумэн зауэлIу мин 30 иIащ. Абы и зэхуэдитIыр шууейхэт икIи уэркъ щылъхут. Нэхъыщхьэу адыгэхэм я лэжьыгъэу щытар - Iэщ гъэхъунымрэ мэкъумэшымрэщ. 

Къэбэрдейм и экономикэм лъабжьэ хуэхъуар шы, мэл гъэхъунхэрщ. ХъупIэфIхэр я куэдти, Iэщым ирагъэшхыным щхьэкIэ гугъу ехьыртэкъым - тыншу ягъуэтырт. Гъэмахуэм былымыр, мэлыр, шыр къущхьэхъу хъупIэм щыIэт, щIымахуэм мэкъукIэ, хьэуазэкIэ, хукIэ ягъашхэрт. 
Iэщыр гъэмахуэм къэтыху, цIыхухэр щIым телэжьыхьырт. Зауэ къэхъуауэ бийм пэщIэувэн хуей мыхъумэ, къэбэрдей цIыхухъухэм Iэмал иIэу я щIыпIэр ябгынэртэкъым. А Iэмалыншагъэри илъэс зыбжанэм зэт къыщыхъур. Адыгэхэм я мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэм ис адрей лъэпкъхэри апхуэдэут зэрыпсэур, зэрылажьэр. Нэгъуейхэм я закъуэт зэрыс щIыпIэр кIэщI-кIэщIурэ зыхъуэжыр.
А зэманым ятхахэм къызэрыхэщыжымкIэ, Къэбэрдейр нэхъыщхьэу зэрыкъулейр Iэщу иIэмкIэт. 1777 гъэм Астрахъэн и губернатор Якоби И. В. итхыгъауэ щытащ мыпхуэдэу: «Мы къэбэрдей уэркъ щхьэпэлъагэхэм уатекIуэныр тыншкъым, IэщкIэ къулейуэ. Ар къаIэщIэбгъэкIыфмэ, зыри ябгъэдэмылъыжу икIи уатекIуауэ къэплъытэ хъунущ. Сыту жыпIэмэ аращ абы мылъкуу яIэр». А псалъэхэр зэрыпыжым щыхьэт тохъуэ Броневский зекIуэлIым къигъэна тхыгъэр: «Шымрэ Iэщ яIэм и бжыгъэмрэщ къэбэрдейхэм къулеигъэр зытращIыхьыр. 1769 гъэм къызэрахутамкIэ, нэхъ хуэщIауэ псэу уэркъым мэл къудейуэ 2500-м щыщIэдзауэ 7000-м нэс иIэт. Нэхъ хуэкъулейуэ къалъытэ цIыхуиблым яйр мин 22-рэ хъурт. Абыхэм кIэлъыплъыр, зыгъашхэр пщылIхэрт.
МащIэкъым зекIуэлIу, еджагъэшхуэу, тхыдэтхыу Къэбэрдейм щыIауэ ди мэлхэм я лым и IэфIагъым, цы ятетым и къабзагъэмрэ щабагъэмрэ я фIэтелъыджэу тетхыхьыжар. Апхуэдэу куэд мэхъу Iэщышхуэрэ шыкIэ зэрыкъулейхэр игъэщIагъуэу тепсэлъыхьыжари.
Тыркудзэмрэ кърым ханым и зауэлIхэмрэ Къэбэрдейм къытеуэм Iэщ щхьэбжыгъэ куэд здахуурэ мащIэрэ ахэр зейхэр къулейсыз ящIакъым.
Егъэлеяуэ, сыт щыгъуи пщIэ лей хуащIу къокIуэкI адыгэшыр. КуэдыкIейщ абы щытхъуу тетхыхьар. Зауэ IэнатIэмрэ гъуэгуанэ кIыхьымрэ абы къыщыпэлъэщын къэгъуэтыгъуейт икIи арат нэхъыбэу къызэрагъэсэбэпыр.
Броневский С. 18-нэ лIэщIыгъуэм итхыгъат мыпхуэдэу: «Апхуэдэу шы псынщIэ, лъэ быдэ зыщIэт, бэшэчрэ гъуэгуанэ кIыхькIэ лъэрызехьэрэ слъэгъуакъым». Ахъшэшхуэ къратми, шыр ящэртэкъым зейхэм.
Кърымым щыIа франджы зекIуэлIым фIэтелъыджэу итхыгъат: «И теплъэкIи, зэфIэкIкIи, лъэкIыныгъэкIи, бэшэчагъкIи слъэгъуакъым адыгэшым хуэдэ».
Къэбэрдейм щIым утелэжьыхьыну, къулей урихъуфыну Iэмал хъарзынэхэр щыIами, Iэщ гъэхъуныр япэ ирагъэщырт. Нэхъыбэу цIыхухэр бгыщхьэхэм щыпсэурти, а щIыпIэхэр нэхъ зыхуэщIар мэл, былым, шы щыпIыгъынырт. 18-нэ лIэщIыгъуэм икухэрщ къэбэрдейхэр щIы захуэм жылагъуэу щытIысын щыщIадзар. Абы щыгъуэщ щIым телэжьэным гулъытэ щигъуэтар.
Тыркухэр, кърым - тэтэрхэр къатеуэмэ, я унагъуэр ябгынэу бгыщхьэм щихьэ къэхъурт. Бийхэм адыгэхэм я лъапсэр зэхадыгъуэрт, мафIэ ирадзырт, зэхакъутэрт. 
Тхыгъэ къэнэжахэм къызэрыхэщымкIэ, 18-нэ лIэщIыгъуэм щIым телэжьэным псынщIэу зиубгъуу щIидзащ. Ар уэркъхэр дэзыхьэха лэжьыгъэу пхужыIэнукъым, атIэ абы зезытар мэкъумэшыщIэхэрт. Псом хуэмыдэу абы хуэщIа щIыр Къэбэрдеишхуэм щыкуэдт. Адыгэхэм мазэ къэс зэреджэу щытари щыхьэт тохъуэ а лэжьыгъэм пщIэшхуэ зэригъуэтам: вакIуэ дэкIыгъуэ, вакIуэ мазэ, вакIуэ къихьэжыгъуэ, мэкъуауэгъуэ мазэ, хэжыгъуэ мазэ, Iуэгъуэ мазэ, н. къ. Хамэ щIыпIэ къикIа зекIуэлIхэми я тхыгъэхэм къыхощыж Къэбэрдейм нэхъыбэу ху, хьэ, гуэдз, къэб, бжьын, бжьыныху, нэгъуэщIхэри къагъэкIыу зэрыщытар.
Къэбэрдейхэм щIым къытраха къэкIыгъэм щыщ лейр щащэж е щахъуэж къэхъурт, ауэ Тыркумрэ Кърымымрэ я дзэр къатеуэу къагъэкIар щагъэси къэхъурти, щримыкъуи къахуихуэрт. Зэрылажьэ Iэмэпсымэхэри абы фIыуэ зэрыхуэмыщIам гугъу иригъэхьырт. ИужькIэ, урысхэр нэхъ пэгъуныгъу къазэрыхуэхъуам и фIыщIэкIэ, нэхъ IэмэпсымэфIхэр яIэ хъуащ. 
Броневский С. и тхыгъэхэм къызэрыхэщыжымкIэ, «адыгэлIыр зекIуэ ежьэнумэ, и къэлътмакъам гъуэмылэу ирилъхьэр ху хьэжыгъэрэ щыхьыл е мэлыл гъэгъуарэт. Ар адыгэ щIалэм тхьэмахуищкIэ хурикъунут. 
Джэдкъаз гъэхъунми адыгэхэм гулъытэ лей хуащIу щытащ. Я теплъэкIэ дахэ дыдэу, джэдкъаз лъэпкъыгъуэ гъэщIэгъуэнхэр мыбы унагъуэкIэ ягъашхэрт.
Къэбэрдейм Iэщ гъэхъуным щыхуащI гулъытэм хуэдэ щIым телэжьыхьынми хуащIыным зэманыфI ихьащ. 18-нэ лIэщIыгъуэм и кIэхэм, гъавэхэкIым зэрелэжь Iэмэпсымэхэр ирагъэфIэкIуа иужь, Iэщ гъэхъунми щIым телэжьэнми зэхуэдэ гулъытэ ягъуэтащ, абы и фIыщIэкIи заужьын щIидзащ я щыIэкIэ-псэукIэми сатуми.
 

ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться: