Президентхэм я фэеплъ шыгъажэхэр

Хабзэ зэрыхъуам тету, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Шэшэн Республикэмрэ я япэ президентхэу КIуэкIуэ Валерэрэ Урысей федерацэм и ЛIыхъужь Кадыров Ахъмэт-Хьэжырэ я фэеплъ шыгъажэхэр Налшык щыIащ. Iэ­тауэ ирагъэкIуэкI мы зэпеуэр къызэгъэпэща хъуным илъэситху ­хъуа­уэ и жэрдэмрэ зэ­фIэкIрэ къыхелъхьэ Кадыров Ахъмэт-Хьэжы и цIэкIэ щыIэ жылагъуэ фондым. Шыгъажэм дихьэххэм ар фIыуэ ялъэгъуащи, кIуэ пэтми еп­лъыну къекIуалIэ­хэм я бжыгъэм хохъуэ.

Къыхэгъэщыпхъэщ зэм нэхърэ къыкIэ­лъыкIуэ зэхьэзэхуэм Налшык шыгъэжапIэр уи гукъыдэжыр хигъахъуэу фIы дыдэу зэрыхуа­гъэхьэзырыр. Иужьрейри апхуэдэт. Абы и фIыщIэ хэлъщ «Росипподромы» акционер обществэми: шыгъэжапIэр зыхуэныкъуэ техникэхэмкIэ щIэгъэкъуэн хъуащ ар. Зи лэжьыгъэр мы спорт лIэужьыгъуэм епхауэ  къекIуэкIхэм ящIэ Налшык шыгъэжапIэр адрейхэм зэре­фIэкIыр. Апхуэдэу къалъытэн папщIэ, иужь зэманым ­икъукIэ лэжьыгъэшхуэ мыбы щызэфIагъэкIащ. ИкIи, IэщIагъэлI пашэхэм къызэралъытэмкIэ, шым я нэхъыфI дыдэхэрщ мыбы щекIуэкI зэ­хьэзэхуэхэм хэтхэр. Абы щыхьэт тохъуэ зэ­пеуэм къыщагъэлъагъуэ зэфIэкIхэр.
ПрезидентитIым я фэеплъу екIуэкIа иужьрей зэпеуэр зэдэжэгъуиплI хъурт. Ахъшэ саугъэту ягъэувам иджыри сом зы мелуан жэрдэм­щIакIуэхэм къыхалъхьащ. Урысейм и ЛIыхъужь Кадыровым и цIэкIэ щыIэ жылагъуэ фондым сабийхэм джэгупIэ зэмылIэужьыгъуэхэр къахузэ­Iуихащ, мы гъэмахуэ хуабэ егъэлеям нэхъ зыщыгуфIыкIыну мороженэхэр яхуигуэшащ. Зэпеуэхэр щызэпыу зэманым ХьэтIыхъу Вадимрэ ­Холамханов Къайсынрэ уэрэд жаIащ, «Ка­бардинка» къэфакIуэ гупымрэ Къэбэрдей-Балъ­къэрым щIыхь зиIэ и артист Дер Мухьэмэд-рэ къэфахэщ. Бжьыпэр зыубыда шыхэр зейхэм, зыгъэхьэзыра гъэсакIуэхэм, шууейхэм саугъэтхэр езытар КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн, Шэшэн Респуб­ликэм и Iэтащхьэм и дэIэпыкъуэгъу Терлоев ДжэбрэIил, Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и депутат Делимханов Iэдэм и дэIэпыкъуэгъу Аушев Саид-Магомед, «Росипподромы» акционер общест­вэм и Кавказ Ипщэ, Ищхъэрэ къудамэхэм я лэжьыгъэр убзыхунымкIэ унафэщI Сэкрэк Заур сымэщ. 
Шыгъажэхэр яублэн и пэ, къызэхуэсахэм за­хуигъазэу Терлоев ДжэбрэIил жиIащ:
- Дэ ди Кавказ щIыналъэр зигурэ зи псэрэ  зэIуха цIыху хьэлэлхэмкIэ къулейуэ къокIуэкI. Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм зыкъы­хуэдгъазэри, мыпхуэдэ зэхьэзэхуэ ди япэ президентхэм я фэеплъу илъэс къэс Налшык шыгъэжапIэм щедгъэкIуэкIыну, ар хабзэ тщIыну къы­хэтлъхьати къыддиIыгъащи, ди гуапэу ар гъэ къэс къызыдогъэпэщ. Мы зэхьэзэхуэм ди зэныбжьэгъугъэр нэхъри быдэ ещI.
Пэублэ зэдэжэм хэта, илъэситI зи ныбжь шыхэр Урысейм и ныпым и щIыхькIэ ягъэува ­саугъэтым щIэбэнащ. Абыхэм яжар метр 1200-рэ ­мэхъу. И нэхъыбэм зэрыхуагъэфэщауэ, абы япэ увыпIэр къыщихьащ Къардэн Валерэ и шы Гефест Дрим. 
Кавказ лъэпкъхэм я цIэкIэ ягъэува саугъэтымкIэ Iэмал иратащ илъэситI зи ныбжьу иджыри текIуэныгъэм и IэфI зыхэзымыщIахэм ар ягъэу­нэхуну. Абыхэм яжащ метр 1600-рэ. Мы етIуанэ зэпеуэм «Малкинскэ»шы заводым и Копирайту (Ред Дубави - Клеопатра Скай) зи фIэщыгъэцIэ пцIэгъуэплъым нэхъ жэр къыхэкIакъым. Ар зейри, зыгъасэри, тесу къэзыгъэжари Шыкуэ Асте­мырщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ президент КIуэкIуэ Валерэ и цIэкIэ ягъэува саугъэтым щIэ­бэныну илъэсищ зи ныбжь шыуэ 8 метр 2000-кIэ къызэдэжащ. Мыбдеж текIуэныгъэр къыщихьащ Сэкрэк Заур и Альфаиз (Грейт Эмперор - Ифтихар) гъуэплъафэм. Иджыпсту ар зейр Щокъуий Русалинэщ. Шыр фIы дыдэу зыгъэ­хьэ­зырар Къашыргъэ Залымщ. Къэзыгъэжар япэ категорие зиIэ Баттуев Алимщ.
Шэшэн Республикэм и япэ президент Кадыров Ахъмэт-Хьэжы и цIэкIэ ягъэува саугъэтым щIэ­бэнахэм метр 2400-рэ яжын хуейти, текIуэнур  хэтми хуэбгъэфэщэну гугъут, къызэдэжэнухэр те­кIуэныгъэшхуэхэмкIэ цIэрыIуэ защIэти. Гу лъу­мытапIэр иIэтэкъым Налшык шыгъэжапIэм илъэситI ныбжьым иту цIэрыIуэ щыхъуа Юнкерым (Бетрожь Мухьэмэд ейщ). Абыхэм язт Шэшэн Республикэм и «Ахъмат» клубым и шыхэр. Зэхьэзэхуэ 18-м 17-рэ япэ увыпIэр къыщызыхьахэм язт Акцент зи фIэщыгъэцIэр. Къызэдэжэгъуэу 28-м абы 9 бжьыпэр иубыдат. Ерыщу зэпэщIэту къэжахэм я нэхъ псынщIэ къудей мыхъуу, ди къэралым мыбы яжа метр 2400-м иджыри зыми къыщимыгъэлъэгъуа псынщIагъэ (дакъикъи 2-рэ секунд 32, 6-рэ)  къыщехъулIащ Акцент (Стик-Анхиалэ) зи фIэщыгъэцIэ пцIэгъуэплъым. Зейри зыгъасэри Ца­цаевэ Сулимэщ. Къэзыгъэжар Каппушев  Мыр­зэ­бэчщ. Шыр зыгъэхьэзырахэр гуп мэхъу.
КъыкIэлъыкIуэ шыгъэжэгъуэр Налшык фокIадэм (сентябрым) и 9-м ще­кIуэкIынущ. А махуэм зыщIэбэнынухэр Iуащхьэмахуэ и цIэкIэ ягъэува кубокырщи, къызэгъэпэщакIуэхэм я гуа­пэу фрагъэблагъэ.

ШАФИЙ  Аслъэн.

Поделиться:

Читать также: