ТхакIуэт икIи щIэныгъэлIт

ТхакIуэ, КъБКъУ-м и доценту щыта Бозий Людин псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 90 ирикъунут. 
Бозий Людин Iэмин и къуэр 1933 гъэм шыщхьэуIум и 27-м Аруан щIыналъэм хыхьэ Жанхъуэтхьэблэ Псыгуэнсу къуажэм мэкъумэшыщIэ унагъуэм къыщалъхуащ. И сабиигъуэр тыншу щытакъым тхакIуэм. Ар илъэсий щрикъум Хэку зауэшхуэр къэхъейри, гузэвэгъуэхэр и нэгу щIэкIащ. 
1952 гъэм къуажэ курыт еджапIэр къеухри, а гъэ дыдэм Къэбэрдей къэрал педагогикэ институтым и физико-математикэ факультетым щIотIысхьэ. 1956 гъэм дипломыр къратыжри, щалъхуа къуажэм егъэджакIуэу егъэзэж. 1959 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым геометриемрэ алгебрэмкIэ и кафедрэм ассистенту щылэжьэну къащтащ Людин. 1966 гъэм математическэ анализымкIэ и кафедрэм ягъэкIуащ, егъэджакIуэ нэхъыжьу. 1970 гъэм Куржым ЩIэныгъэмкIэ академием щыпхигъэкIащ и кандидат диссертацэр икIи къыхуагъэфэщащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат цIэр. А гъэ дыдэм КъБКъУ-м дифференциальнэ управленэхэмкIэ кафедрэм и доцент хъуащ. 1973 гъэм ВАК-м и унафэкIэ доцент цIэр къыфIащащ. 
Школым щыщIэсым къыщыщIэдзауэ Людин литературэм дихьэхауэ усэ итхыу, ахэр «Нур», «Iуащхьэмахуэ» журналхэм, «Ленин гъуэгу», «Адыгэ псалъэ», «Советская молодёжь» газетхэм щIэх-щIэхыурэ къытехуэу щытащ. 
ТЕКIУЖЬ Заретэ. 

Таурыхъхэр

Нэхъ иныр уэ къащIэ

ЗэшитI псэурт, зыв яIэу. Выр нэхущым деж псафэ дахуащ зэшитIым. Выбжьэм кIапсэ ирадзэри, кIапсэ кIапэр шынэхъыжьым иубыдащ. Выуэч къищтэри, шынэхъыщIэр вым иужь иуващ. Шэджагъуэ нэблэгъауэ, гъуэгум зы шу къащыIущIащ. Шур щыблэжым, шынэхъыжьыр елъэIуащ:
- Си шынэхъыщIэр вым иужь итщи, дызэрыгувэр схужеIэж, - жери.
- Хъунщ, - жери зы теуэгъуэ икIури, шынэхъыщIэм деж нэсащ.
- «Догувэ, вым къеуэ», къыбжиIэжащ уи шынэхъыжьым, - жери, шур и гъуэгу техьэжащ.
Шэджагъуэ нэужь хъуауэ, выр псым нахусащ зэшитIым.
Псым хэувауэ здыхэтым, зы бгъэ къеухри, выр ипхъуэтащ. Выр уэгум зыбжанэрэ къыщрихьэкIри, бгъэр къыр папцIэ гуэрым тетIысхьащ. Къыр папцIэр ажэбжьэт, ажэ жьакIэм и жьауэм щIэтIысхьауэ, бжэныхъуэр щхьэукъуэрт. Бжэныхъуэр къызэщыури, къызэфIэтIысхьащ, «уитI» щыжиIэм, бгъэр щтэри, вы блатхьэр къыIэпыхуащ. Бжэныхъуэр щыдэплъейм, блатхьэр и нэм къыщIэхуащ. БашыпэкIэ щIэIэба щхьэкIэ, бжэныхъуэм вы блатхьэр игъуэтакъым. ЩакIуэ дэкIырти, щакIуэри щIиутIыпщхьащ и нэм, абыи игъуэтакъым блатхьэр.
- Си нэм зыгуэр щIэхуащ, - жери бжэныхъуэр пщыхьэщхьэм къыдыхьэжащ. И анэр щIэIэбэри, и къуэм и нэм вы блатхьэр къыщIихыжащ, ихьри псыхъуэм дидзащ.
Уэлбанэ кIыхь хъури, псыр къиуащ, псыдзэм вы блатхьэр ирихьэхащ. Псыр щыжэщIыжым, блатхьэр ныджэм къытенащ.
Зэман дэкIащ. Ныджэм къытена блатхьэм щIы трищIэжащ, щIым къуажэ тетIысхьащ. Къуажэр къуажэ хъуауэ псэууэрэ, щIыр жэщ къэс хъейуэ щIидзащ зэгуэр. Зыхуахьынур ямыщIэурэ, къуажэм еплъакIуэри, зы бажэ къаумысащ: вы блатхьэм и зы кIапэ къыщIэщырти, абы къеуэсауэ егъурт бажэр. Жылэм къаувыхьри, бажэр къаукIащ. КъаукIар яхузэгъэдзэкIакъым: бажэм и джабэ лъэныкъуэм фэр трахри, жылэм цIыхухъуу дэсым пыIэ зырыз яхурикъуащ. Абы ирихьэлIэу къуажэм зы щIалэ цIыкIу къыдалъхуащ. ЩIалэр зей фызыр кIуэри бажэр цыкIуэкIкIэ зэридзэкIащ, джабэ лъэныкъуэм къытена фэр триха щхьэкIэ, апхуэдибгъу щIимыгъужауэ и къуэм пыIэ къыхухэкIакъым.
Дэтхэнэр нэхъ ин?

 
IэщIагъэлI

Махуэ гуэрым гъуэгубгъум тхьэкIумэкIыхьыр машинэ блэжхэм щакIэлъыплъащ, абыхэм я зэхэлъыкIэр зригъэщIэн мурадкIэ. Ар щымыхъум, «машинэр къэзыгупсысам фIэт щхьэм хуэдэ сэ сфIэткъэ?! Е сылIын е сылIэн!..» - жиIэри, жэщ псом и напIэ къемыхыу гупсысащ. Машинэ лIэужьыгъуэ куэд къыщIыхьащ абы и нэгум. Сытми, зыгуэрым къытеувыIэри, нэху зэрыщыххэу, лэжьыгъэм еувэлIащ. Неуэ-къеуэми, «IэщIагъэлIым» машинэм ещхьыфэу зыгуэр зэригъэпцIащ. «Ыхьы! Си Iуэхущ иджы! Си кIуэди-си кIуэд!..» - жиIэщ, мэзым къыхэжри, напIэзыпIэм гъуэгум зэпрыжащ. УдзыпцIэ дахэм хэлъэдауэ къыздижыхьым, псы ефэу къуэкIийм къыдэпщыжауэ мэзымкIэ кIуэж мыщэжьым жьэхэкIэрэхъуащ. Ар зыхуихьынур къыхуэмыщIэу, и жьафэр Iурыхуауэ мыщэр къоплъ. Машинэр къигъэувыIэри, тхьэкIумэкIыхьыр, зигъэуардэу, мыщэм еупщIащ:
- ЛIо лъэкъыцэжь, сыкъыумыцIыхужу ара?
- Щхьэ укъэзмыцIыхужу, назэжь цIыкIу? Мыр сыт зищIысыр?
- Машинэ уи щыпэлъагъу уэ? Мыр машинэщ. Сэ си IэкIэ сщIащ.
 - ХьыI! Куэд щIа уэ IэщIагъэлI узэрыхъурэ? - жиIэу мыщэр щежьэжым, тхьэкIумэкIыхьыр кIэлъыджащ:
- УмыпIащIэ, унэжын! КъитIысхьэ мыдэ, укъесшэкIынщ!
 - Уи гъуэгу тет, тхьэкIумашэ. Сытым ищIыс машинэкIэ узэджэр?!
- Ахьа-а! Ушынащ! Аракъэ? УкъитIысхьэмэ, къэпщIэнщ ар зищIысыр?
- Шынэ мыгъуэр ущIи уэ гъуамэм… - гъумэтIымэурэ ипщхьащ мыщэр.
ТхьэкIумэкIыхьым и машинэр мыщэр къызыдэпщыжа щыхупIэмкIэ иунэтIащ, шэ цIывауэ щIэпхъуащ, щыхупIэм елъэным зы шэтвэр фIэкIа имыIэжу зэуэзэпсэу къигъэувыIэри, мыщэм еупщIащ:
 - Плъэгъуа, лъэбыцэжь, IэщIагъэлI?
- С-слъэгъуащ, - жиIащ мыщэм, и бзэр кIэнтIыу. - С-сэ сигъэкIыжи…
- Зэ умыпIащIэ, хуэмыху, аракъым зэрыхъур, - машинэр къигъэуэвщ, адкIэIуэкIэ щылъ мывэшхуэмкIэ иунэтIщ, мывэм жьэхэуэным зымащIэ фIэкIа имыIэжу зэуэзэпсэу къигъэувыIэри, еупщIащ:
- Плъэгъуа, лъэкъыцэжь, машинэзехуэ?
- С-слъэгъуащ, - жиIащ мыщэм. - Иджы мо тхылъымпIэм деж сышэ. Хьэуэ жыпIэрэ, сэ сигъэкIыж.
- Еууей! Ара мыгъуэ плъэкIынур? Си гугъати мыщэхэр бэлыхьлажьэу. Еуэ, гъуэгу махуэ, - жиIэри, езым тафэм тет кхъужьеижьымкIэ иунэтIащ. Машинэр къыхуэмыгъэувыIэжу, кхъужьейм еуэри, хьэбэсабэ ищIащ, ауэ назэм зыри къыщыщIакъым, къыщылъэтыжри, и занщIэ и гъуэгуу щIэпхъуэжащ.
 

Бозий Людин.
Поделиться: