ЩIым зиукIыжыным нэсащ

Дунейм зэрызихъуэжым ехьэлIа къэхутэныгъэхэмрэ лъэпкъ шынагъуэншагъэмкIэ NАSА-мрэ CERN-мрэ жэуап зыхь я щIэныгъэлI нэхъыщхьэ Чолакян Эгон шыщхьэуIум и 19-м къэпсэлъащ эфир занщIэкIэ. Абы къэралыгъуэ унафэщIхэр къыхуриджащ акъыл зэхэдзэ ящIу, зэкъуэувэу дунейм щыщIэхуэбжьа щIыуэпс насыпыншагъэхэр яджыну, ЩIым «зимыукIыж» щIыкIэ хэкIыпIэ гуэр къызэдалъыхъуэну. Чолакян къыхигъэщащ ар псом нэхърэ зэрынэхъыщхьэр, къытпэщылъ гузэвэгъуэшхуэм елъытауэ зауэ-банэкIэ зэпэщIэува къэралыгъуэхэм кърахуэкI Iуэхухэмрэ политикэмрэ зыри зэримыщIысыр. 

Чолакян Эгон США-м и президентиплIым ядэлэжьащ, физикщ, США-м и Конгрессымрэ Унэ хужьымрэ фIыуэ къыщацIыху, ЦЕРН-м и «Будущий кольцевой коллайдер» Iуэхугъуэм елэжь лаборант гупым ящыщщ, лекторщ, ТIасхъэщIэх IуэхущIапIэхэм щылажьэ егъэджакIуэхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм хэтщ, нобэкIэ дунейм зэрызихъуэжым ехьэлIа къэхутэныгъэхэмрэ лъэпкъ шынагъуэншагъэмкIэ жэуап ехь. 
- Нобель и саугъэтымкIэ комитетымрэ ЩIэныгъэхэмкIэ лъэпкъ академиемрэ зэщIыгъуу Вашингтон щрагъэкIуэкIа зэIущIэм къыщапсэлъам иужькIэ, дуней псом зыфхуэзгъэзэну мурад сщIащ. Зи гугъу сщIынур дунейм цIыхуу тетым къытлъысынкIэ хъуну Iуэхущ, цивилизацэр щыхупIэ дызэрыщхьэщыувам теухуащ. Климатым зэрызихъуэжым, абы кърикIуэну Iуэхугъуэхэм ехьэлIауэ пцIышхуэ зэрахьэ. Ауэ дэ, щIэныгъэлIхэм дежкIэ, Iуэхум и пэжыпIэр нэрылъагъущи, пэжыр утыкум къизмыхьэн слъэкIынукъым. Псыдзэ, жьапщэ, мафIэс, къэбэкъауэ къызэщIэушахэр, щIыхъей шынагъуэхэр ди ЩIым и закъуэкъым къыщекIуэкIыр. Ар илъэс мин 12 къэскIэ Дыгъэ системэм хиубыдэ планетэхэм къефыкI щытыкIэщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, илъэс мин 24-рэ къэсыхункIэ а Iуэхугъуэхэр нэхъ гуащIэжу къыжьэхоуэ ди ЩIым. Ар зэлъытэжар дэракъым, атIэ уахэ жыжьэм къыщекIуэкI хабзэхэрщ. Нобэ ди нэгу щIэкI псори а зэхъуэкIыныгъэм и зи чэзу техьэгъуэщ. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэм кърикIуэнкIэ хъунур фи нэгу къыщIэвгъэувэн папщIэ, Марсым къыщыщIам гу лъывэзгъэтэнут. Абы зэгуэр гъащIэ щыIащ, ди ЩIым хуэдэу щIэращIэу, щхъуантIэу щытащ, ауэ нобэ псэ зыIут абы щыIэжкъым. ЩIым и тхыдэ жыжьэмрэ археологиемрэ ухэплъэмэ, алъандэрэ а уахэ насыпыншагъэр ЩIым зыкIи зэран къыхуэмыхъуу, къыжьэхэуэми гъащIэр щымыкIуэдыжу къэгъуэгурыкIуащ. Ауэ иужьрейуэ едгъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, мы зы гъуэгу ди кIэн къикIынукъым. Псом япэрауэ, ЩIым и купщIэ къэкъуалъэр дунейпсо хым игъэупщIыIуу, щхьэфэм къимыгъэсу алъандэрэ иIыгъамэ, иджы и къалэн нэхъыщхьэм пэлъэщыжыркъым. Сыту жыпIэмэ, кIэрыхубжьэрыху, щIы дагъэ, гъэсыныпхъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ ар зэрыткудар къыпхуэмыIуэтэну шынагъуэщ. Абы къыхэкIкIэ, щIы къатиблкIэ уеIэбыхрэ, еянэм деж щызэхуэхуса къару абрагъуэм зыри зэран хуэхъужыркъыми, къызэрыдэкIуеиным, къызэрыуэным пылъщ. Ар къэхъумэ, щIы щхьэфэ дэнэ къэна, атмосферэри зэтрикъутэнущ. ЩIыр - щэ-плIэ инфаркт зиIа цIыхуу фи нэгу къыщIэвгъэхьэт. АтIэ, зи гугъу тщIы насыпыншагъэм иужькIэ ЩIым игу къэувыIар ежьэжынукъым! Сэ илъэс куэд щIауэ содж мы Iуэхугъуэр икIи гу лъывэзгъэтэнут махуэ къэс дунейм зэрызихъуэжым, кIуэ пэтми ди Iуэхур нэхъ Iей зэрыхъум. Арами, зы хэкIыпIэ закъуэ щыIэщ. Дэ, щIэныгъэлIхэм, дощIэ щIэн хуейр, псэууэ дыкъызэтенэн, хьэршым къыщекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм дыкъелын папщIэ. Ауэ псом япэрауэ зауэ-банэр къызэтегъэувыIапхъэщ. Политикэмрэ экономикэмрэ зэриушта къэралыгъуэшхуэхэм зыкъащIэжмэ, зауэм нэхърэ нэхъ шынагъуэ гуэр къызэрытпэщылъыр къагурыIуэрэ дызэкъуэувэмэ, дыкъызэрызэтенэнур си фIэщ мэхъу, - захуигъэзащ абы США-м, Урысейм, Китайм я унафэщIхэм. 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: