ЗэпэщIэувэныгъэ гуащIэ

Iуэтэж

Бгы къырым аддэ лъагэу иIэ бгъуэнщIагъхэм язым зэнзэныпсым хуэдэу къабзэу къуршыпс къыщIож. Абы и уэрэд  мыухыр къришу, зылъэIэсым псэ хилъхьэу   лIэщIыгъуэ бжыгъэ хъуауэ къожэх.

         Псым и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ  хуей дахэ иIэщ, абы адэкIэ иIэ щыхупIэ   нэзым  чэщанэ ин Iутщ. Мывэм къыхэкIыкIа  чэщанэм цIыхуIэ еIусауэ умыщIэну, пагэ хъужу    щытщ. Нэрылъагъущ абы куэд щIауэ зыри зэрыщымыпсэужыр, и  блынхэм жыглыц кIэрищIащ,  языныкъуэхэм дежи мывэр щащэри  къещэщэхащ. Мы щIыпIэм куэд щIауэ  гъащIэ зэрыщымыIэжым   и щыхьэту чэщанэм екIуалIэ лъагъуэр банэхурэ шыпсыранэкIэ зэщIэкIащ. 

         Мы  щIыпIэм теухуауэ хъыбар куэд яIуатэ, сэри а  хъыбархэм ящыщ зыбжанэ сощIэри,   нэхъыбэрэ зэхэсхар, нэхъ пэжри арауэ къыщIэкIынущ, фхуэсIуэтэну сыхуейщ.

         Аддэ пасэ зэманым, шабзэшэр зауэлIым и Iэщэу щыщытам, а чэщанэм  СослъэнбийкIэ еджэу  щIалэ Iэчлъэч и адэ-анэм я гъусэу щыпсэуащ. Ар и адэм и гъусэу  щакIуэ кIуэуэрэ  ихъуреягъыр   зригъэцIыхуат,  шэрыуэ дыди хъуат.  Ежьауэ, бгым къыщикIухьурэ  жэщ къытехъуэмэ, зыкIи къыхэмыщту  нэху щигъэщырт, къиукIар къихьырти къэкIуэжырт. Сослъэнбий  имыцIыхуу, и лъэ темыувауэ а щIыпIэм зы бгъуэнщIагъи бгы нэпкъи иIэтэкъым.   Зы бгъуэнщIагъым икIыу адрейм щыкIуэкIэ а щIыпIэм щитIысыкIа къуажэхэм щыхьэщIэрти, абыхэм ящыщ куэд ныбжьэгъу    къыхуэхъуат.

         А къуажэхэм язым  щыпсэурт НэдахэкIэ зэджэ  хъыджэбз тхьэIухудыр.  Абырэ Сослъэнбийрэ зэрызэрылъагъуу зэгуакIуэри, зэрышэну зэгурыIуауэ екIуэкIырт.

         Бжьыхьэ дыщафэм зигъэщIагъуэу дунейр зэщIищтэрт, зэпсэгъухэм зрата пIалъэр къэблагъэрт. Махуэ гуэрым Сослъэнбий  щакIуэ ежьэну мурад ищIащ.

         -Ди адэ, семыжьэу хъунукъым, бгыхэр къызоджэ. Къурш бжэнхэм лы ящIащ. СыутIыпщи, лыщIэ сIыгъыу сыкъэкIуэжынщ.

         -Мурад зэрыпщIар солъагъури,  узубыдкъым.  Ауэ хуэсакъ, набдзэгубдзаплъэу щыт, зыхъумэж, - зэрихабзэу адэр къеущиящ.

         Къурш бжэнхэм я  тIысыпIэхэмрэ зекIуапIэхэмрэ щIалэр фIыуэ щыгъуазэт. ИщхьэмкIи и лъабжьэмкIи  щыхупIэ иIэу  щIыпIэ шынагъуэ гуэрт ар. Абы хуэкIуэ лъагъуэ бгъузэм тету  щакIуэ щIалэр хуэмурэ ирокIуэ.

         Куэдрэ кIуа, мащIэрэ кIуа, итIанэ Сослъэнбий  гу лъитащ  уэсым хуэдэу и жьакIэр хужьу бгы нэпкъым тет ажэм. «Бгым сыт щIауэ къыщыскIухьми, мыпхуэдэ ажэ дахэ зэи срихьэлIакъым», - егупсысащ щIалэр. Ар щабэрыкIуэу абы бгъэдыхьэну яужь ихьащ.  Бгы нэпкъ задэми, лъагъуэ бгъузэми егупсысыжкъым иджы ар, атIэ  ажэм къимылъэгъун хуэдэу мэкIуасэ. Мис, зы тIэкIукIэ нэхъ гъунэгъу зэрыхуэхъуу,  еуэ хъунущ.

         Ажэ хужьым  шынагъуэ гуэри щыIэу имыщIэу зеплъыхь, зиплъыхьми илъагъуIакъым.  Ауэ мес, фIалъэ лъакъуэмкIэ мывэм теуIуэри, мывэ сыну жащ. Ар   здэплъэ лъэныкъуэмкIэ  къаплъэн  пIащэ къокIуэ – ахэр бжэн лъэпкъым я  бий кIэрыуфIыцIщ. КIыцI  мащIэ ямыукIарэ абыхэм. 

         Ажэ хужьыр езым игъэщта фIэщIри, щакIуэм мывэ къуагъым зыкъуигъэпщкIуащ.   АрщхьэкIэ, ажэр  къаплъэным йоплъакIуэри, нэгъуэщI   и нэм къыIуихьэркъым.  Аргуэру къэкIуащ яхиудынIа и гугъэу. Хьэуэ, куэдщ ар, иджы зыри иритынукъым. Моуэ гъунэгъу къахуэхъункъэ и бжьакъуэ жанхэмкIэ къаплъэным  и кIэтIийхэр къригъэунщи,  щыхупIэм иридзыхыжынщ. НэгъуэщIу хъунукъым. ЦIыхум а псом хищIыкI щыIэкъым. Ауэ джэдур зэщэр ажэракъым, атIэ абы и гъунапкъэхэм мызэ-мытIэу щилъэгъуа   дыгъу лъакъуитIырщ. Макъыншэу абы кIэщIэпщхьэрэ  зидзмэ, къиухащ, адэкIэ  щыхупIэр и гъуэгущи,  езыри хуиту и щIыпIэм итыжынщ.

         Ажэм зимыгъэхъейуэ щытщ,  и нэр джэдум  къытримыхыу, хутыкъуэмэ, зридзу бгым щидзыну хьэзыру. ЩIалэм и шабзэпсыр ишэщIауэ  ажэм трегъапсэ. Абы ирихьэлIэу абы езым къаплъэныр къещакIуэрт.

         Дэтхэнэми илъагъур езым къищэкIурщ.  Апхуэдэурэ дыгъэ егъэзыхыгъуэ хъуащи, уэгур ириIа хуэдэ,  тхъуэплъщ.

         Сытми, щIалэм тегушхуэу  иутIыпща  шабзэшэр щIэфиежу  лъатэри, ажэм и кIэбдз лъакъуэм техуащ. А меданым  джэдум   зидзри, Сослъэнбий  телъащ, а къэхъу псор зылъагъу  бжэным и бжьакъуэ  папцIэхэр джэду ныбэм  гущIэгъуншэу хихуащ.

         ЗэрыгъэкIиешхуэ къэхъуам  бгыхэр къагъачэрт, цIыхур джэдур, бжэныр - щыри зэхэзэрыхьыжауэ щыхупIэм щызэрызохьэ. Сослъэнбий щIалэ къарууфIэт, и бгъэгум къыхаIуа лъэбжьанэхэм  ягъэбауэртэкъым армыхъу. Ихъуреягъым щыплъагъур лъы защIэщ, щыри уIэгъэщ, щыри къарууншэ хъуащ, ауэ щыми затыну я мурадкъым.

         Цы хъурейм хуэдэу зэшэкIауэ а щыр мэджэрэз, зэ зы лъэныкъуэмкIэ, зэм адреймкIэ йощIэ. Куэдрэ зэрызехьа - мащIэрэ зэрызехьа, сытми абыхэм къагурыIуащ  мы щIыпIэм псэууэ зэримыкIынур.

         Дыгъэр бгы кIапэм зэрыкъухьэу пшапэ зэхэуащ. УкIытапэурэ уэгум зыкъыщызыгъэлъэгъуа  мазэ ныкъуэр  щыхьэт техъуащ  зэзауэхэм я Iуэхур зэриухам.

         А щыри иджы зэгупсысыр  къелын-къемылынракъым, атIэ щхьэж и жагъуэгъум и псэр зэригъэнынырт.

         Ауэ, цIыхуми, псэущхьэми, хьэкIэхъуэкIэми къелыну къахуиухатэкъым. Щыри зэрызэкIэрыщIауэ бгы  нэпкъым елъэри…

         Нэри пэри зыхь псым  зэрыIэрыхьэу ипхъуатэри ирихьэхащ. Къахуиухатэкъым  къелыну.

         Къигъэзэжакъым щакIуэ щIалэм и адэ-анэм, фIыуэ илъагъу пщащэм деж. Сыту куэдрэ ежьа ахэр абы. Зэщхьэгъусэхэр «цырхъ» макъ къэIуху зэщIэдэIукIырт,  я къуэр къэкIуэж я гугъэу. Ауэ Сослъэнбэч къигъэзэжакъым. Пщыхьэщхьэ гуэрым зэщхьэгъусэхэр гувэху я къуэм ежьэу  бжэIупэм деж щыса иужь, унэм щIыхьэжщ, бжэр къагъэбыдэри, афIэкIа къыщIэкIыжакъым.

         Нэдахэ  и гуауэр тIууащIэт. Абы нэпсу щIигъэкIар зылъэгъуар бгы къырхэм я закъуэщ. Лъыхъу дапщэ къыхуэкIуами,   дэкIуэн имыдэу псори IуигъэкIуэтурэ  къыдэнэжащ.

         Абы лъандэрэ псы куэд ежэхащ, Сослъэнбэч къыщикIухьу щыта  лъагъуэхэр хэгъуэщэжащи, иджы ар зыми яцIыхуркъым. Ауэ, а щIыпIэхэм ущыIэ хъумэ, си хъыбарыр уигу къэгъэкIыж.

Османов Хьисэ.

ЗэзыдзэкIар Щомахуэ Залинэщ.

        

Поделиться: