Драматург цIэрыIуэЗауэ нэужь илъэсхэм къэбэрдей драматургием и къарум нэхъри зыкъызэкъуихащ. Абы къыщIэхъуащ щIэблэ гуащIафIэ. Ди драматургием и зэхэублакIуэхэм ябгъурыуващ зи къалэмыр жан, темэщIэхэм тегушхуауэ зезыпщытыфа драматург щIалэ гуп. А гупым къыхэжаныкIахэм ящыщщ зи цIэр жыжьэ Iуа «Дахэнагъуэ» пьесэр зи къалэмыпэм къыщIэкIа Акъсырэ Залымхъан. Абы и пьесэхэм я нэхъыбэм лъабжьэ яхуэхъуар адыгэ тхыдэмрэ IуэрыIуатэмрэщ. Пасэрей адыгэ таурыхъыр лъабжьэ хуэхъуащ «Дахэнагъуэм»; адыгэ тхыдэм къыпкърыкIащ «Къызбрунри» «ИстамбылакIуэри»; апхуэдэ хэкIыпIэ иIэщ «Лашынми». Акъсырэ Залымхъан 1919 гъэм Псыгуэнсу къуажэм къыщалъхуащ. Сабий ныбжьым иту, Залымхъан и нэгу щIэкIащ псэукIэщIэм и япэ лъэбакъуэхэр. Псыгуэнсу къуажэ школым илъэсиблкIэ щеджа нэужь, щIэныгъэм дихьэха щIалэ гурыхуэр хэкум и къалащхьэм – Налшык дэт Ленинскэ еджапIэм щIотIысхьэ. Мы еджапIэм ар нэIуасэ щыхуохъу дунеищIэм, псэукIэщIэм, культурэщIэм я ухуакIуэ щIалэхэм. Залымхъан хохьэ еджапIэ цIэрыIуэм къыщызэрагъэпэща самодеятельнэ зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэм. Псом хуэмыдэжу ар дэзыхьэхыр драматическэ кружокырщ. Абы апхуэдизкIэ дехьэхри, Залымхъан зыхуеджэ дохутыр IэщIагъэр имыхъуэжын лъэкIыркъым. А щIыкIэм тету ар къахохутэ колхоз-совхоз театрым (нобэрей Къэбэрдей-Балъкъэр драмтеатрыр къызытепщIыкIыжам) и студием щеджэ артист щIалэхэм. Ар абы щеджэ къудейкъым – зэреджэм хуэдэурэ, театрым игъэув спектаклхэм роль зэмылIэужьыгъуэхэр щегъэзащIэ. Театральнэ искусствэм дихьэха щIалэм, лэжьыгъэмрэ тхылъхэмрэ къащыдэхуэм деж, къалэмыр къещтэ, итIани, и къарумрэ щIэныгъэмрэ къызэремэщIэкIыр зыделъагъужри, щыхущIыхьэ сыхьэтхэм итха мащIэри мафIэм пэредзэж… «Сэ сызэщIаубыдат Гоголь Н., Островский А. сымэ къагъэщIа образ телъыджэхэм, сыкъытричырт абыхэм запэсщIыжыну. Садэплъеину, – игу къегъэкIыж драматургым. – Абы щыгъуэ си пщIыхьэпIэ къыхэхуэртэкъым сызытхьэкъуа искусствэм апхуэдиз гугъуехь пылъу. Сэ къысфIэщIырт дэтхэнэ темэри напIэзыпIэм зэпкърызудыфыну… АрщхьэкIэ сыщыуауэ къыщIэкIащ. Къалэмыр къэсщтэн и пэ, абы хуэфащэ щIэныгъэ зэзгъэгъуэтын хуейт».
Поделиться:
Читать также:
05.05.2024 - 12:00 →
Гъуазджэм и хэщIапIэ
05.05.2024 - 11:00 →
ЦIыкIухэм ныпыр яфIэдахэщ
04.05.2024 - 09:00 →
Музейм и накъыгъэ гъэлъэгъуэныгъэхэр
03.05.2024 - 14:24 →
ЦIЫХУР ЗЫХУЩЫIЭР ЦIЫХУРАЩ
03.05.2024 - 10:01 →
Куржы фIэщыгъэхэм я тхыдэ лъабжьэхэр
|