Нобэ

ФокIадэм и 14,

махуэку

1812 гъэм мафIэсышхуэм зэщIищта Москва дыхьащ Наполеон и дзэр. Ар бийм зауэншэу иратыну зэгурыIуат, къалэри дзэри хъума хъун папщIэ.

1896 гъэм Санкт-Петербург телеграф агентствэм лэжьэн щIидзащ.

1960 гъэм ЩIыдагъэ зыщэ къэралхэм я зэгухьэныгъэр (ОПЕК) къызэрагъэпэщащ. Абы хыхьащ Иракыр, Ираныр, Кувейтыр, Сауд Хьэрыпыр, Венесуэлэр.

1973 гъэм Къалэ-ЛIыхъужь цIэр фIащащ Новороссийскрэ Керчрэ.

2003 гъэм Эстониер Европэ зэгухьэныгъэм хыхьащ.

1871 гъэм къалъхуащ генерал-майор, КъуэкIыпIэ Жыжьэм пащтыхьым щиIа армэм и командующэу щыта Хьэгъундокъуэ Едыдж.

1914 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ Хъыту Сайдин.

1947 гъэм къалъхуащ хьэрычэтыщIэ, политик, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэу щыта Дер Станислав.

1950 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Щоджэн БетIал.

Дунейм и щытыкIэнур:

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 17 - 23-рэ, жэщым градус 14 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Дахэр пагэмэ, пуд мэхъу.

 

Зыгъэхьэзырар

БАГЪЭТЫР Луизэщ.

 

Поделиться:

Читать также:

06.05.2024 - 13:11 НОБЭ
03.05.2024 - 09:08 НОБЭ
02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ