Гуащэхэр

 

Нэхъ пасэрей дыдэ гуащэхэр Египетым щащIауэ щытащ илъэс миниплI хуэдиз япэкIэ. Япэрей гуащэхэр тхьэпэлъытэ (тотем) хуэдэу дин хуэIухуэщIэхэм къыщагъэсэбэпу щытащ. Ахэр къыхэщIыкIат хьэуазэм, пхъэм, мамонтым и къупщхьэм, нэгъуэщIхэми.

Ди эрэм ипэкIэ IV-V лIэщIыгъуэхэм гуащэ къыщIэгъэкIыныр IэщIагъэ щхьэхуэу щыщытащ Пасэрей Алыджым. Алыдж гуащэхэм я нэхъыбэр ятIэ гъэжьам къыхэщIыкIат. Я Iэхэмрэ я лъакъуэхэмрэ кIапсэкIэ прагъэубыдэрт. Сордис къалэм гуащэхэр куэду къыщыщIагъэкIырт.

Пасэрей Урымым и сату Iуэхум нэхъ щIэупщIэ зиIэ дыдэхэм ящыщт гуащэхэр. Марие пащтыхь гуащэм (пащтыхь Гонориус и щхьэгъусэм) и кхъэлэгъунэм къыщагъуэтыжауэ щытащ пыл къупщхьэм къыхэщIыкIа гуащэ гъэщIэрэщIа.

XV-XVI лIэщIыгъуэхэм ирихьэлIэу гуащэхэр яхуапэу къаублащ.

Пасэрей гуащэ куэд къыщагъуэтыжауэ щытащ Пасэрей Алыджымрэ Урымымрэ. Античнэ лъэхъэнэм я дэкIуэгъуэ хъуху яхъумэрти, унагъуэ щихьэнум ирихьэлIэу ахэр тхьэпэлъытэу къалъытэхэм хуахьырт.

Урысейм гуащэхэр къыщыунэхуащ IX лIэщIыгъуэм, абыхэм щхьэкIэ «зызэрытрагъэу» жаIэрт. Ахэр къалъытэрт сабий къалъхуагъащIэхэм я нэтемыгъахуэу икIи сабий гъуэлъыпIэм ирагъэлът.

Ику ит лIэщIыгъуэхэм Европэм къыщунэхуащ чристан гуащэ гъэлъэгъуэныгъэхэр.

XVII лIэщIыгъуэм Франджым щащI хъуащ шэхум (воск) къыхэщIыкIа гуащэ цIыкIухэр. Абыхэм бзылъхугъэ балигъым и теплъэ яIэт. Гуащэхэм гъусэ хуащIырт модэм нэхъ щыцIэрыIуэ фэилъхьэгъуэхэм тращIыкIа щыгъынхэр. А илъэсхэм тохуэ фарфор гуащэхэм я зэманри. Шэхум къыхэщIыкIа гуащэхэри, фарфорым къыхэщIыкIахэри зезыхьэр бзылъхугъэ балигъхэрт.

XIX лIэщIыгъуэм Европэм къыщызэIуахащ зэрыджэгу хьэпшыпхэр, нэхъыбэу гуащэхэр къыщыщIагъэкI фабрикэ къыщызэIуахащ. Абы щыгъуэ гуащэхэр зэрыджэгу хьэпшып къудейтэкъым, куэдым я дежкIэ ар сабиигъуэр ягу къэзыгъэкIыж хьэпшып лъапIэт. ЩыIэт гуащэхэр зэхуэзыхьэсыну зыфIэфI бзылъхугъэхэр.

XIX лIэщIыгъуэм щыгъуи гуащэхэр егъэлеяуэ лъапIэт, ар зыIэрызыгъэхьэфыр нэхъ къулейхэрт. Гуащэ щIыным къыщыбгъэсэбэп хъу папье-маше Iэмалыр къэунэхуа нэужь, гуащэхэм я уасэр ехуэхащ. Къэунэухащ гуащэ зекIуэхэр, гъыхэр. 1887 гъэм Мезель Йохан япэу къыдигъэкIащ гуащэ псалъэхэр. XIX лIэщIыгъуэм гуащэхэр къыщIагъэкI хъуащ промышленнэ IэмалкIэ. XX лIэщIыгъуэм гуащэхэр пластикым къыхащIыкIырт.

Иджырей гуащэхэр лIэужьыгъуэ куэду зэщхьэщокI. Ахэр ящIыф псалъэуи, уэрэд жаIэуи, къафэуи, гъыуи, гуфIэуи.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться: