Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ШэсыпIэ фонд» мыкоммерцэ зэгухьэныгъэм и Попечительскэ советым хэтхэмрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ШэсыпIэ фонд» мы коммерцэ зэгухьэныгъэр шэсыпIэ зыхуригъэувэну хущIэкъуу хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэ мащIэмрэ курытымрэ езыгъэкIуэкIхэм я проектхэм хэплъэнымкIэ комиссэм хэтхэмрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
2023 гъэм фокIадэм и 11-м Налшык къалэ №185-ПП Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI: 1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ШэсыпIэ фонд» мыкоммерцэ зэгухьэныгъэм и Попечительскэ советым хэтхэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2009 гъэм мэкъуауэгъуэм и 5-м къыдигъэкIа унафэ №151-ПП-мкIэ къащтам мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн: а) Попечительскэ советым мы къэкIуэнухэр хэгъэхьэн: Белецкая О. В. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэр - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэ мащIэмрэ курытымрэ зегъэужьынымкIэ, зэпеуэ щыIэнымкIэ и департаментым и унафэщIыр Джатэ А. Хь. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэ мащIэмрэ курытымрэ дэзыIыгъ IэнатIэхэм зегъэужьынымкIэ и къудамэм и унафэщIыр (Попечительскэ советым и секретарщ) б) Попечительскэ советым хэгъэкIын Бэшорэ Р. А., Гуртуев Э. С. 2. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ШэсыпIэ фонд» мыкоммерцэ зэгухьэныгъэр шэсыпIэ зыхуригъэувыным хущIэкъуу хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэ мащIэмрэ курытымрэ езыгъэкIуэкIхэм я проектхэм хэплъэнымкIэ комиссэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2010 гъэм дыгъэгъазэм и 8-м къыдигъэкIа унафэ №224-ПП-мкIэ къащтам хэтхэм мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн: а) комиссэм хэгъэхьэн Белецкая О. В - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэр-Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэ мащIэмрэ курытымрэ зегъэужьынымкIэ, зэпеуэ щыIэнымкIэ и департаментым и унафэщIыр (комиссэм и секретарщ); б) комиссэм хэгъэкIын Бэшорэ Р. А. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий.
Поделиться:
Читать также:
07.05.2024 - 11:21 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
03.05.2024 - 13:00 →
ЗэгурыIуэнукъым
27.04.2024 - 15:09 →
«Репатриант»-кIэ узэджэ хъунур хэт?
27.04.2024 - 09:58 →
Урысейм и парламентаризмэм и махуэм теухуа КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
25.04.2024 - 12:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
|