НОБЭ

ФокIадэм и 25,блыщхьэ

Зи тхьэкIумэхэм зэхамыххэм я дунейпсо махуэщ
Машинэ зыщIым и махуэщ
1934 гъэм
Налшык къыщызэIуахащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и колхоз-совхоз IуэхущIапIэхэм я япэ спартакиадэр.
1941 гъэм ВКП (б)-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым унафэ ищIащ уIэгъэ хъуа зауэлIхэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ комитет къызэрагъэпэщыну.
1915 гъэм къалъхуащ АР-м и цIыхубэ тхакIуэ, драматург, зэдзэкIакIуэ Еутых Аскэр.
1932 гъэм къалъхуащ пшынауэ Iэзэу щыта, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысей Федерацэмрэ щIыхь зиIэ я артист ПщыхьэщIэ Мухьэжыр.
1933 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ Щэмырзэ Iэмырбий.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 18, жэщым градус 15 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Уи шым ижынур пщIэжын хуейщ.

 

Зыгъэхьэзырар Багъэтыр Луизэщ.
Поделиться:

Читать также:

06.05.2024 - 13:11 НОБЭ
03.05.2024 - 09:08 НОБЭ
02.05.2024 - 12:21 НОБЭ
27.04.2024 - 09:56 НОБЭ