ЛIыжь цIыкIумрэ дыгъужьымрэ

Iуэтэж
Зы жэщи дэкIыртэкъым а дыгъужьым унагъуэ гуэр имыгъэунэхъуу. Е зы мэл ихьынт, е зы жэм иукIынт. Арати, есар гугъукъэ, жэщ мазэхэ кIыфIу зыкъыхуигъазэри, щхъуэжьыр къуажэм къыдыхьащ, хадапхэхэр нызыхиущыхьщ-къызэхиущыхьри, зы чэт цIыкIу къигъуэтащ, мэл зыбгъупщI щIэту. Чэтым ихъуреягъкIэ неущэкIащ, къеущэкIащ, ауэ щIыхьэпIэ игъуэтакъым. Сыт ищIэнт, дыгъужьыр мэжэщIалIэт, мышхэну Iэмал иIэтэкъым. 
Дыгъужьым и гугъар аратэкъым: е бжэмкIэ щIыхьэу, е чэтыщхьэмкIэ зыкъригъахуэу зыхуей зыIэригъэхьэу къыщIэкIыжыну арат и мурадари, арщхьэкIэ къехъулIакъым, чэт блыныр лъагэти дэпкIеифакъым. БжэмкIэ зидзри – нэхъеижт: былым зэрыт Iуэм упхыкIыу чэтым ущIыхьэн хуейт. Мис абы дыгъужьыр хуейтэкъым. Щхъуэжь къызэралъагъуу, былымхэм дунейкъутэж къаIэтынут. Щымыхъум, чэт щIыбагъымкIэ щIэтIыкI къыщыхуищIри, чэтым щIыхьащ. ЗдыщIыхьар щхъуэжь зыхуей дыдэм хуэдэт: мэлу зыбгъупщI щIэту, чэтыр цIыкIурэ къэжыхьыпIэ ямыIэу. Дыгъужьым кIапэ фIэфIкъэ-тIэ?! Зы мэл къэмынэу я кIапэр къыпиудурэ мо мэжэлIам имыгъэныщкIуу иригъэлъэтэхащ. Ушхар Iуэхут, а пшха къомыр зэрылъ ныбэр узэрыпщхьа щIэкIыпIэ зэвым къиплъэфыжын хуейкъэ? Мис абдежщ щхъуэжь гугъу щехьар. Сымышхагъащэрэт жригъэIащ. Ерагъпсэрагъыу и ныбэр кърилъэфыжри, къуажэм дэущыкIыжыну ежьащ. АрщхьэкIэ мо нэпсейр чэф хьэлъэм хуэдэт: щIихуэрт, лъэпэрапэрт. Сытми, ерагъкIэ, и псэр къуажэ щIыбым нихьэсщ, абдеж зы пабжьэ тIэкIу къыщигъуэтри, хэтIысхьащ. КIэху къищIати, щхъуэжь мурад ищIащ абдеж хэлъу жэщ игъэхъуну.
Дыгъужьым шэджагъуэнэужь хъухукIэ зигъэпсэхуащ. Абдеж ирихьэлIэу щакIуитI я хьэхэри я гъусэу, къуажэм къыдэкIащ. ЩакIуэхьэхэр мэкIэ бзаджэкъэ, дыгъужьым и мэр хьэхэм къащIихьащ, икIи занщIэу мэр къыздикIым ирахулIащ, щхъуэжь зыхэс пабжьэ тIэкIур абыхэм къаувыхьащ. Дыгъужьыжьым зимыгъэхъейуэ щыст, фэ нэхъ шынагъуэ щымыIэмэ, гугъукъым, жыхуиIэу. ЩакIуэхэр нэсри я фочхэр къагъэпкIащ, арщхьэкIэ пабжьэм хыхьэн мэшынэхэр. Дыгъужьми къыхэкIын игу илъыххэкъым, иджыри и ныбэр щIагъуэу тIысакъыми, сыхэкIым къыслъэщIыхьэнущ, жеIэр игукIэ. ЩакIуэхэр пабжьэм фочкIэ хэуэу щIадзащ, тхьэ имыIуам хэсIам къыхэкIынщ, жаIэри. Щхъуэжь пхущысыжынт, фоч уэ макъ зэхихауэ! Къэмытэджу, кIыхьу зэрыщылъым хуэдэу, къыхэпщри, щакIуэхэми хьэхэми ямылъагъуу зыкъомрэ пщащ. Пабжьэм IукIуэта нэужь, къэтэджри и къару къызэрихькIэ щIэпхъуащ. ЩакIуэхэр тIэу-щэ пабжьэм хэуа нэужь, къащIащ абы зэрыхэмысыжIар. Хьэхэр памэу яутIыпщри, мыгувэу дыгъужьым и лъэужь техьащ, икIи куэд дэмыкIыу ар къалъэгъуащ.
Дыгъужьыр здэжэм, зы лIыжь цIыкIу, къэп гуэри и блэгущIэм щIэлъу, лъэщIыхьащ.
– Уей-уей! Жьыщхьэ махуэ хъун нэхъыжь, гущIэгъу къысхуэщI, щакIуэхэр си ужь итщ, сэ сешащи сомэх, зи уз кIуэдын! Сэри алыхьым сыкъигъэщIащ, хэт ищIэрэ, дунейр инщ, сэбэп сыпхуэхъужынкIэ мэхъу, а уи къэпым сигъапщхьи щакIуэхэр блэкIыхукIэ сыхь, жьыщхьэ ма¬хуэ хъун!
– Хъунщ, апхуэдэу Iейуэ ущылъаIуэкIэ, къипщхьэ, – жеIэ лIыжь цIыкIум, – ауэ фи лъэпкъ дунейм тетыхукIэ зэран фыкъытхуэмыхъуну псалъэ къызэт.
– Хъунщ, хъунщ, хъунщ, – сыткIи арэзыщ щхъуэжьыр.
Арати, лIыжь цIыкIум дыгъужьыр къэпым иригъэтIысхьэри адэкIэ ежьэжащ, дакъикъэ дэмыкIыу щакIуэхэри нэсащ я фочхэр гъэпкIауэ.
– Гъуэгужь апщий, тхьэмадэ. Сыту ухьэлъафIэ? Ярэби, дыгьужь умылъэгъуауэ пIэрэ?
– Хьэуэ, хьэуэ, сэ дыгъужь си лажьэкъым, сешащи солIэр. Щхьэлыр жыжьэу пIэрэ иджыри?
– Хьэуэ, куэд иIэжкъым, укъэсащ, гъуэгу махуэ. Жэщ къэс жылэр зыгъэунэхъу дыгъужь къетхужьати, моуэ и щхьэфэм дыкъытеплъауэ тфIэкIуэдащ.
Шухэр щIэпхъуэжащ дыгъужьым лъыхъуэну. ЛIыжьри и псэр пыхуу ешащ, адэкIэ кIуэжыфыркъым.
– КъикIыж иджы, хъунщ, – мэтхьэусыхэ лIыжь цIыкIур. Дыгъу-жьыр къэпым къипщыжащ.
– Гугъуехьыншэ тхьэм уищI, гугъу укъыздехьащ, ауэ узмышхыу хъунукъым, нобэ фIы щамыщIэ дунейщ дызытетыр, себгъэукIын хуеящ, – къыхудоплъей и фIэщу дыгъужьыр.
– Iэу! Ар лIо а жыпIэр, дауэ уи жьэм къекIуа усшхынщ жыпIэу? – зэхихыр и фIэщ хъуркъым мыдрейм.
– Аращи, сомыгъэгузавэу зыщых щыгъыну пщыгъыр, тыншу усшхын щхьэкIэ.
– Сыт сщIэн, ирехъу апхуэдэу, – хоплъэ лIыжь цIыкIур, – ауэ зыкIэ сынолъэIунут: псэущхьищ дахуэзэхукIэ дыгъакIуэ, абыхэм Iуэхур зытетыр яжетIэнщи, пшхыну хуэфащэщ жаIэмэ, сыарэзыщ.
Дыгъужьымрэ лIыжь цIыкIумрэ гъуэгу теуващ. КIуэм лъейм, кIуэм лъейуэрэ зы уэтэр пщыIэжь гуэрым техьащ. Уэтэрым зы пщIэгъуалэжь тетт.
– IуэхуфIохъу апщий, шыжь!
– Уэ фыпсэу апщий, феблагъэ.
– Ди Iуэхур тхузэхэгъэкI, – къригъэжьащ лIыжь цIыкIум. – Мы дыгъужьыр яукIыну щакIуэхэм къахуу, къызбгъэдэлъадэри къызэлъэIуащ сомыгъэукIтэм сыпщхьэпэжынт, жиIэри. НтIэ, мы къэпым изгъапщхьэри, къезгъэлащ. Иджы къизгъэпщыжащи, усшхынущ жеIэри къызоныкъуэкъу. Сишхыну схуэфащэ, хьэмэрэ схуэмыфащэ?
– Пхуэфащэщ. Сэ си щIалэгъуэм мэл гуартэр схъумэу, нэху щыху сымыжейуэ къэрэгъулу сыщытащ. Иджы жьы сыхъуати, чэт нэщIым сыкъытранэри, езыхэр ежьэжащ. ФIы щамыщIэж зэманщ, уишхыну пхуэфащэщ, емынэм узэрихуэрэт, щхьэ йомыгъэукIарэ? 
ЛIыжьым и гум фIы щыщIэнт, мэгуIэ, дыгъужьыр мэгуфIэ, ежьахэщи, ещанэм ирихьэлIэжым зэфIэкIащ. Еуэм кIуэм, еуэм лъейуэрэ, куэдрэ кIуа, мащIэрэ кIуа. ЗдэкIуэм, плъэри, зы бажэжь цIыкIу гъуэгум зэпрыжу къалъэгъуащ. Уэхьэхьей, уэтэтей! КъэувыIэ, бажэ махуэ хъун!
Бажэр къэувыIащ.
– ЛIо фызыхуейр, сэ сопIащIэр!
– Дызыхуейращ, зи щIыхьыр ин бажэ, уи акъыл жанымкIэ мы ди Iуэхум къытхухэплъэ. Мы дыгъужьыр щакIуэхэм кърахужьауэ яукIыну къэзгъэнащ, мы къэпым изгъапщхьэри. Иджы къизгъэпщыжащи, усшхынущ жеIэр. Сишхыну схуэфащэ, хьэмэрэ схуэмыфащэ?
– ХьэдэгъэпцI ухъуи, щымыхъужми нэхъ екIуIуэу пцIыр бупсыртэкъэ, – ину дыхьэшхащ бажэжь цIыкIур.
– Хьэуэ, хьэуэ, ар пэжщ, – жиIащ дыгъужьым, – къэпым сригъапщхьэри сыкъигъэнащ.
– АтIэ, ипщхьи сыгъэлъагъут. – ЛIыжьым къэпыщхьэр иубыдри, зимыIэжьэу дыгъужьыр абы ипщхьащ. – Мес, мес, уи кIэр къощри-тIэ, зыри къимыщу ихуэу жыпIати!
– А си кIэри къикуэт и фIэщ хъун папщIэ бажэм, – зызэфIегъапщхьэ щхъуэжь.
– Мис иджы хъуащ, и щхьэр быдэу пхэт, – жи бажэм. ЛIыжь цIыкIум къэпыщхьэр быдэу ипхащ. – Еуэ иджы! Ущымысхьу еуэ! А уи хьэмкIутIей башыр зэпыудыху еуэ!
Дыгъужьыжьыр куцIым хуэдэу ириущэбыхьащ. «Хейм и лъыр хамэм ещIэж», – жиIэри бажэр щIэпхъуэжащ. ЛIыжь цIыкIури гуфIэу къэкIуэжащ.
Ало ЛутIэ зэхуихьэсыжа хъыбархэм щыщщ.
Поделиться: