Си бэуэгъуэр акъужьым къизгъахъуэу…

* * * 

Сэ закъуэныгъэм сыкъыхуигъэщIащ,
Сигу щIыIэрысыр гукъэкIыжкIэ спIыжу.
Псэр ежьэу зэрыкIуэдрэ куэд щIащ,
Iэ зыдэслъэжыр абы и сыныжьырщ.

Сэ щIым сытеткъым, гъуэгуи къэзмыкIуа,
СыщыIэщ уэмрэ щIымрэ я зэхуакум.
Езыр-езыру си щIалэгъуэ кIуар
ЩIэзгъэдэIунут имыцIыхуа макъым. 

Хьэуар мэдийри, къуэпскIэ сыхокIэж,
Илъэсхэм сигу уIар езудэкIыжу.
Макъамэр псалъэм йопхъуэри… щIогъуэж,
ГъащIэ зэшахэр гъатхэм хигъэкIыжу. 
20.03.2023. 

* * *
Си гъащIэ, гъадэщIыдэм щIигъужам
КъыхикIутащ зыгуэрым и макъамэ.
Макъамэр къэIуу, сигу ирихужьар 
Къыдохутэж щIалэгъуэм и уэрамым. 

Солъагъу уэрамым мэжджытжыг щыгъагъэу,
Гъэгъахэм загъэсыс, уэсэпс еIубу.
Гур къызоIунщI, собакъуэри ерагъыу,
Уэсэпсыр щIыIэу зыхещIэж си Iупэм. 

СокIуатэри, мы си гум изу гъатхэ,
Уэрамым си лIэщIыгъуэр тратхэж.
Уэздыгъэ щыпагъанэ унэ къатхэр
Къысщохъур я щIэщыгъуэу зэIуплъэж.

Уэрамым гукъэкIыж щоIэуэлъауэ,
Къыспожьэ, си лъэ макъыр къищIэжауэ.
СыбгъэдотIысхьэ, сопсэлъэж, содауэ,
Къызогъэзэжыр, си гур суIэжауэ…

Си нэкIу лэдэххэм лъагъуэу хэгъуэщар
КъыщIегъэщыж зыгуэрым и макъамэм.
Уэрэдым хэту гъатхэ сыIущIащ,
ЩIалэгъуэм и гукъеуэ еIубауэ. 
8.05.2023.
* * *
Мы гъатхэр нагъуэщ, гъащIэ и кууагъыу,
Мы гъатхэм и къабзагъыр тIэкIу шынагъуэщ.
Сигу бэлэрыгъыр уигу зэшам щизагъэм,
Хурикъужакъым дунейм и инагъыр.

Жэщыкум къыхэхуа гупсысэ пщтырым
И хъуаскIэм си нэ щIыIэхэр щIисыкIырт.
Сэ уи гум и къеуэгъуэхэри збжыри,
КъызгурыIуат: гухэлъыр къыхэщтыкIырт.

Гухэлъыр къыхэщтыкIырти, сэ сиукIырт,
Сыщидзти гъатхэ жэщым и щыхупIэм.
Мы гъатхэр зэрынагъуэм сыт хэпщIыкIыр,
Си псэ хэкIам уи пщIыхьхэр къыкIэлъыкIуэу?..
10.05.2023.
* * *
Узэрыжыжьэм нэхъри уищIт гъунэгъу.
Акъужьыр къихути, си нэр зэтеспIауэ,
Гупсысэ щабэрыкIуэм сыщыбауэу,
Жэщ хэIубам пщIыхьэпIэхэр хуэзгъэгъурт.

Гупсысэм си гур щIыIэм къригъэлырт.
Хуэсакъыу уакъыблишурэ унищэм,
Гухэлъ упщIыIум хуабэу убгъэдишэу,
Си макъыр уи дунейм щызэрылъэлъырт.

Сыт хэлът гупсысэм уэ ущыгуфIэну…
Уи плъэкIэр си нэджыджым къытенауэ,
Акъужь уэздыгъэ нэхум еIубауэ,
Си лъынтхуэхэм гурыщIэу урикIуэну!
5.06.2023.
* * *
Жьы къопщэ,
Аргуэру си пщэм зришэкIауэ.
Сэ хьэл схуэхъуауэ,
Жьы къепщэм IитIкIэ зыкIэрызощIэ.
Сыт хулъэкIынур?!
КъикъуэлъыкIынущ мы си тэмакъми,
Къызэсэжынущ…
Жьы къепщэм сехьри, сиIэтауэ,
Жэщ хэкIуэтахэм сажьэхедзэж,
Ныбжь къысхуелъыхъуэ.
Бэуэгъуэ защIэурэ ар искIутауэ,
Зыхызодзэжри жьым и удыгъэм,
ИтIанэ – дыгъэ,
ИтIанэ – лIыгъэ,
ИтIанэ – гугъэ!
12.08.2023. 
* * *
Уафэр сщыгъыу,
Пшэр скъузрэ згъагъыу,
Мы дунейм си псалъитI и инагъыу,
Мы дунейм зиутхыпщIрэ, пагэу,
Сигу зэшар закъуэныгъэм щызагъэу,
ГъащIэ хъужым пэж и кууагъыу,
Сыуэсэпсу, сынэпсу, сылъагъуэу,
Лэгъупыкъу зэIусщэжу ерагъыу,
Си бэуэгъуэр акъужьым къизгъахъуэу…
Плъагъурэ!
10.08.2023. 

ГУГЪУЭТ Заремэ
Поделиться: